Презентация Тексты по кабардинскому языку для списывания.


Хъумп1эц1эджхэр. Кхъуэщыным фо т1эк1у илът. Фом хъум-п1эц1эджхэр ежат. Ахэр кхъуэщыным кърахужащ. Кхъуэщыныр к1апсэк1э лъа-гэу ф1адзащ. Зы хъумп1эц1эдж кхъуэщы-ным къинат. Ар к1апсэмк1э унащхьэм дэк1уеящ. Ит1анэ блынымк1э къехыжащ. Абык1э адрей хъумп1эц1эджхэми к1уа-п1эр къащ1ащ. Фор псори ирашхык1ащ. Мэрак1уэхьэ. Махуэр хуабэщ. Хьэуар къабзэщ. Ц1ык1ухэр мэрак1уэхьэ к1уащ. Ахэр мэз лъапэм нэсащ. Мис мэрак1уэ тхьэмпэхэри. Тхьэмпэ щ1агъхэм мэрак1уэр къыщ1облэбл. Ц1ык1ухэм тафэм зрагуэшащ. Зэк1э матэ ц1ык1ухэм ирадзэр мащ1эщ. Нэхъыбэр яшх. Къахьынур ит1анэ къащыпынущ. Мэ гуак1уэ. Бжьыхьэщ. Мэзым и пщ1ащэр ц1ырхъ хъуащ. Абы дыгъэр т1эк1у къызэпхедз. Дэ мэз щ1агъым дыщ1э-ту док1уэ. Занщ1эу мэ гуак1уэ къыт-1урыуащ. Мыжыжьэу кхъужьей инит1 къэтлъэгъуащ. Абыхэм я лъаб-жьэм кхъужьыр щ1эзщ. Сыту гуак1уэ кхъужь т1ыгъуам и мэр! Гъэш фермэ. Малил гъэш фермэм щолажьэ. Фермэм жэм куэд тетщ. Пакъэрэ Малилрэ 1эщхэм ф1ыуэ к1элъоплъ.Жэмхэми бэкхъ хуабэ хуащ1ащ. Псыр бэкхъым бжьамийк1э щ1охьэ. Жэмхэр машинэк1э къаш. Езыхэми шэ куэд къащ1ок1. Къуагуэ. Ди Сэлим хъумак1уэщ. Абы тыкуэнышхуэр ехъумэ. Сэлим гъуси и1эщ. Ар и хьэ сакъыр арщ. Хьэм и ц1эр Къуагуэщ. Абы и тхьэк1умэхэр пы-упщ1ащ. Къуагуэ щ1ыф1ащари аращ. Къуагуэ зэхимыхыу зыри блэ-к1ыфынукъым. Махуэшхуэр къэблэгъащ. Тек1уэныгъэм и махуэшхуэр къэб-лэгъащ. Дэ махуэшхуэм зыхудо-гъэхьэзыр. Алихъанрэ Хьэбибэрэ усэщ1э зэрагъэщ1ащ. Сэрэбий уэрэдыр къыхедзэ. Ди лъакъуэхэр уэрэдым дедгъэк1уу къыдок1ухь. Апхуэдэущ махуэшхуэ зэ1ущ1эм дызэрык1уэнур. Ныпыр зыхьынури хэтхэщ. Нэхъыф1 дыдэ. Губгъуэ хуитхэм гъавэр щобагъуэ. Жыг хадэхэр гъатхэ дыгъэм погъагъэ. Къалэ уэрамым ц1ыху нэщхъыф1эхэр щызэблок1. Къурш щхьэ хужьхэр ды-гъэм полыд. Псы уэрхэр зэпеуэу йо-жэх. А псори здэщи1эр ди хэкурщ. Ар псом нэхъри нэхъыф1щ. Гъатхэ. Уэф1щ. Махуэр бзыгъэ дыдэщ. Губгъуэр щхъуант1эщ. Жыгхэр мэгъагъэ. Бжьэхэр етауэ золъатэ. Къуалэбзу ц1ык1ухэм я уэрэдым зрагъэ1эт. Жьы щабэр гум ф1эф1щ. Ц1ык1ухэм лъапц1эу тафэм къыщажыхь. Псори гъатхэ щ1эращ1эм догушхуэ. Ди унэр. Дэ ди унэр унэщ1эщ. Уэрамымк1и пщ1ант1эмк1и щхьэгъубжэ хэлъхэщ. Пэшхэр нэхущ ик1и хуитщ. Пщэф1ап1эм псыр бжьамийк1э къыщ1охьэ. Унэ гупэм удз дахэ щыдогъэк1. Гъэмахуэ жэщхэм щхьэгъубжэхэр 1ухауэ щытщ. Апхуэдэу ужеину узыншагъэщ. Лъагъунлъагъу. Дзадзу и шыпхъур Тинэщ. Тинэ Москва щолажьэ. Дзадзурэ и анэмрэ абы лъагъунлъагъу хуэк1уащ. Ахэр зэрык1уар кхъухьлъатэщ. Дзадзу кхъухьлъатэм ит1ысхьэн ф1эф1т. Езыр т1эк1уи шынэрт. Ауэ щ1эшынэн щымы1эу къыщ1эк1ащ. Ахэр тыншу нэсащ. Тини ягъэгуф1ащ. Щ1ы1эм хузэф1эк1хэр. Псыр, абджым хуэдэу, зэщ1эщтхьащ. Жыг къудамэхэр 1умылым къиухуащ. Чыцэхэр сытхъум щ1игъэнащ. Къэзык1ухьхэм я лъакъуэм гъуэгур къыдопсалъэ. Щхьэгъубжэ абджым тхыпхъэ къык1эрищ1ахэщ. Ц1ык1ухэм я нэк1ухэр жьэражьэу плъыжьщ. Гъущ1ым 1эгур щ1еч. Кхъуафэжьейхэр.Уэшх хуабэр т1эк1урэ къешхащ. Ит1анэ дыгъэр къыщ1эк1ыжащ. Хуабэщ. Псы-хьэлыгъуэ мажэ. Щ1алэ ц1ык1ухэр лъап-ц1эу зэрызохьэ. Абыхэм псыхьэлыгъуэм кхъуафэжьей траут1ыпщхьэ. Т1алэрэ Мы-шэрэ зэпоуэ. Хэт и кхъуафэжьейр нэ-хъыф1ми ягъэунэху. Кхъуафэжьейхэр тхы-лъымп1эм къыхащ1ык1ащ.