Рабочая программа в 6 кл Кабардинская литература



Адыгэ литературэ
6 класс
Зыубзыху тхыгъэ
Зэрылажьэ программэр зэхэлъхьащ мы къэк1уэну нормативнэ тхылъхэр и лъабжьэу:
Федеральнэ государственнэ стандартыр (от 017.12. 2010 г. № 1897)
Урысей Федерацэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ 2012 гъэм декабрым и 29-м къищта федеральнэ закон № 273- ФЗ-р, (ред. от 29.12.2014) "Об образовании в Российской Федерации" (с изм. и доп., вступ. в силу с 06.05.2014);
Закон КБР от 24 апреля 2014 года № 23-Р3 (ред. от 03.04.2014 года № 71-Р3) «Об образовании»;
Приказ МОН КБР от 30.06.2015 года №676 «Об утверждении республиканского базисного учебного плана для образовательных учреждений КБР на 2015-2016 учебный год »;
Типовой положенэ щ1эныгъэ щызэрагъэгъуэт еджап1эхэм теухуауэ РФ и правительствэм къищта унафэ №196 19 мартым 2001 гъэм къыдэк1ар;
Санитарно-эпидемиологическэ правилэм и нормативхэу СанПиН 2.4.2.2821-10 «Санитарно-эпидемиологические требования к условиям и организации обучения в общеобразовательных учреждениях», зарегистрированные в Минюсте России 3 марта 2011 года, регистрационный номер 19993;
Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ Министерствэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ IуэхущIапIэхэм 2015-2016 гъэ еджэгъуэм зэрегъэджапхъэу къыхиха тхылъхэмкIэ къищта унафэр, ( от 31 марта 2014 года № 253)(ред. От 08.06.15 года)
«О республиканском комплекте учебников», от 18 июля 2011 г. N 67-РЗ
«О республиканской целевой программе «Модернизация учебной книги на национальных языках на 2007-2011 годы», от 21 ноября 2007 года N 83-РЗ
Хьэт1охъущыкъуей къуажэм и муниципальнэ курыт еджап1э ещанэм зэхигъэува зэрылажьэ программэм теухуа Положенэм япкъ итк1э (от31.08.12. №144)
Программэр зэхэгъэуващ «Адыгэ (Къэбэрдей-Шэрджэс) литературэ 5-нэ-11-нэ классхэм папщ1э программэ». Авторхэр: Хьэк1уащэ А.Хь., Абазэ А.Ч.,Бак1уу Хь.И.,Гъут 1.М.,Ержыб А.Къу.,Т1ымыжь Хь.Т.Налшык. 2010 гъэм къыщыдэк1ам тету.
Еханэ классым адыгэ литературэр щегъэджыным къигъэув къалэнхэмрэ мурадхэмрэ:
Ныбжьыщ1эхэм литературэм къыхахыу зэхэщ1ык1 лъагэрэ гъэсэныгъэ дахэрэ хэлъу къэгъэтэджыныр;
Ц1ыхум и щапхъэхэр, гуп хэтык1э хабзэхэр благъэми хамэми яхуэфащэ пщ1эмрэ нэмысымрэ къагуры1уэу, Хэкур ф1ыуэ ялъагъуу, дэтхэнэми лъысыпхъэ пщ1эр хуащ1ыжу къэгъэхъуныр;
Еджак1уэхэр я анэдэлъхубзэмк1э зек1уэ 1уэры1уатэмрэ тхыгъэ нэхъыф1хэмрэ щыгъуазэ щ1ыныр:
1уэры1уатэм и л1эужьыгъуэхэр, литературэ тхыгъэхэр псэк1э зыхащ1эу, зэпкърахыфрэ абы хэлъ щыщ1эныгъэхэмрэ ф1агъхэмрэ литературэмрэ тхыдэмрэ ящыщ щапхъэхэр къагъэсэбэпурэ къагъэнэхуэфу, егъэсэныр:
Анэдэлъхубзэм хуэфащэ пщ1эр хуащ1у ик1и абы иригушхуэу къэгъэхъуныр;
Лъэпкъ литературэм и тхыдэмрэ и нобэрей щытык1эмрэ куууэ щыгъуэзэныр;
Ц1ыхугъэм, гущ1эгъулыныгъэм хуэгъэсэн, нэгъуэщ1 лъэпкъ культурэхэм, динхэм шы1эныгъэрэ зыхэщ1ык1рэ хуа1эу гъэсэныр
Адыгэ литературэр 1эмал имы1эу джын хуейхэм ящыщщ. Абы мыхьэнэшхуэ и пщэ къыдохуэ щ1эблэм бзэм и 1эф1ыр зэхищ1эу, ф1агъ-дахагъымрэ гурымыхьымрэ зэхигъэк1ыфу, лъэпкъми ц1ыхубэми л1эщ1ыгъуэк1эрэ къыдэгъуэгурык1уэ художественнэ дуней еплъык1э телъыджэр игъэбатэу къэхъунымк1э. Ар дэ1эпыкъуэгъу хуохъу зи акъыл зэщ1эувэ ныбжьыщ1эм и анэдэлъхубзэмрэ Хэкумрэ ф1ыуэ илъагъуу, дуней щэнхабзэм щыгъуазэрэ езым и лъэпкъ щэнхабзэм ар ирилъытыжыфу къэхъунымк1э.
Литературэр убгъуауэ джыным кърок1уэ еджак1уэхэм я бзэм зиузэщ1ыныр, ф1агъ-дахагъым и хабзэхэр бзэм зэригъэшэрыуэ 1эмалхэр къагуры1уэныр; лъэпкъ литературэм и зыужьык1эмрэ и щытык1эмрэ щыгъуэзэныр; художественнэ тхыгъэр ф1агъ-дахагък1э зэпкърихыфу есэныр.
Адыгэ литературэр егъэджыныр къызэгъэпэщыпхъэщ компетентностнэ (лъэк1ыныгъэхэм зезыгъэужь) бгъэдыхьэк1эм тету. Абы тещ1ыхьауэ еханэ классым зыщаужь:
коммуникативнэ (зэрызэгуры1уэ, зэрызэпыщ1а) компетенцэхэм.
Еханэ классым щеджэ еджак1уэхэм адыгэбзэмк1э ягъэзэщ1апхъэ лэжьыгъэхэр, я зэф1эк1хэр, щ1эныгъэр егъэф1эк1уэнымк1э ахэр зыхуэунэт1ахэр (компетенцэ елъытауэ)
Щ1эныгъэм и ф1агъыр къэзыгъэлъагъуэ унэт1ыныгъэхэр:
предметымк1э ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр (предметные компетенции)
гъащ1эм, ц1ыхухэм яхэтынымк1э ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр
(социальные компетенции)
культурэ куэдым хэзэгъэнымк1э, ар зыхащ1энымк1э ягъуэт
лъэк1ыныгъэхэр (поликультурные компетенции)
информацэ зэхуэхьэсыным, абы и къэгъэсэбэпык1эм ехьэл1ауэ
ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр (информационные компетенции)
гъэсэныгъэ елъытауэ ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр (общекультурные
компетенции).
Еханэ классым адыгэ литературэмк1э и программэр джыным сыхьэт 68-рэ хухах, тхьэмахуэм сыхьэтит1 ирет.
Адыгэ литературэр щебгъаджэк1э къэбгъэсэбэп хъунущ мы къэк1уэну 1эмалхэр (методхэр):
къэхутэныгъэ,
проектнэ,
зэгуры1уэныгъэ,
продуктивнэ,
репродуктивнэ,
проблемнэ егъэджэныгъэ,
еджак1уэхэм къазэрыщыхъу,
экскурс, нэгъуэщ1хэри:
Мы къэк1уэну щытык1эхэр (формэхэр):
щхьэзакъуэ лэжьыгъэхэр,
къэ1уэтэныгъэ,
зэпсэлъэныгъэ,
къэ1уэтэныгъэмрэ зэпсэлъэныгъэмрэ зэгъусэу, нэгъуэщ1хэри
Еджак1уэхэм ягъуэта щ1эныгъэр къызэрапщытэ щ1ык1эхэр:
жьэры1уатэу блэк1а темэхэр къапщытэк1эрэ,
тхыгъэ лэжьыгъэхэр ятхк1эрэ,
тест лэжьыгъэхэр ягъэзащ1эк1эрэ,
художественнэ тхыгъэр зэпкърахк1эрэ, нэгъуэщ1эхэри.


Еханэ классым щеджэ еджак1уэм оценкэ зэрыхуагъэув щ1ык1эхэр:

Жьэры1уатэ жэуапхэм:
«5» ягъэув ядж произведенэм и текстыыр тэмэму ищ1эмэ ик1и куууэ къыгуры1уэмэ; абы хэт ц1ыхухэм яку дэлъ зэхущытык1эр, я хьэл-щэнхэр, я 1уэхущ1афэхэр, 1уэхугъуэхэм я зэк1элъык1уэк1эр къызэрыгъэлъэгъуар ик1и тхак1уэм къигъэсэбэпа художественнэ средствэхэм я мыхьэнэр къыгуры1уэу тепсэлъыхьмэ; литературэм и теориер ищ1эмэ, теорием теухуауэ и1э щ1эныгъэр нэсу къигъэсэбэпмэ; произведенэм и содержанэм щытепсэлъыхьк1э лъэхъэнэм, гъащ1эм ирипхыфмэ; и бзэр дахэмэ , къулеймэ, гъэхуауэ ик1и зыхищ1эу, псынщ1агъ мардэм тету къеджэмэ.

«4» ягъэув ядж произведенэм и текстыыр тэмэму ищ1эмэ ик1и къыгуры1уэмэ; абы хэт ц1ыхухэм яку дэлъ зэхущытык1эр, я хьэл-щэнхэр, я 1уэхущ1афэхэр, 1уэхугъуэхэм я зэк1элъык1уэк1эр къызэрыгъэлъэгъуар ик1и тхак1уэм къигъэсэбэпа художественнэ средствэхэм я мыхьэнэр къыгуры1уэу тепсэлъыхьмэ; литературэм и теориер ищ1эмэ, произведенэр щызэпкърихк1э литературэм и теориер къигъэсэбэлыфмэ; лъэхъэнэм, зэманым епхауэ произведенэр зэпкърихыфмэ; и бзэр, къеджэк1эр мы1еймэ. Ауэ и жэуапым щыщ1эныгъэу зы е т1у нэхъыбэ хэмытмэ.

«3» ягъэув, ядж произведенэр зэрищ1эр ик1и къызэрыгуры1уэр и жэуапым къуигъащ1эмэ; произведенэм хэт ц1ыхухэм яку дэлъ зэхущытык1эр, я хьэл-щэнхэр, я 1уэхущ1афэхэр, 1уэхугъуэхэм я зэхэлъык1эр къызэрыгъэлъэгъуар ик1и тхак1уэм къигъэсэбэпа художественнэ средствэхэм я мыхьэнэр къызэрыгуры1уэр къыжи1эфмэ; литературэм и теориер ищ1эмэ, ауэ произведенэр щызэркърихк1э тэмэму къимыгъэсэбэпымэ; произведенэм и содержанэм щытепсэлъыхьк1э лъэхъэнэм, гъащ1эм иримыпхыфмэ; и бзэм, къеджэк1эм щыщ1эныгъэ куэд и1эмэ; и жэуапым зэк1элъык1уэк1э тэмэм имы1эмэ.

«2» ягъэув ядж произведенэм и текстым емыджамэ, содержанэри щ1агъуэу имыщ1эмэ; литературэм и теорием щыщ гуэрхэри имыщ1эмэ; и бзэм, и къеджэк1эм зык1и аразэы укъимыщ1мэ.

Тхыгъэ лэжьыгъэхэм:
«5» ягъэув, тхыгъэр зытепсэлъыхьыр тэмэму къыгуры1уэмэ ик1и зэк1элъык1уэу, гуры1уэгъуэу, тэмэму къи1уэтэжамэ, псалъэухахэр ек1уу иухуамэ, псалъэ лей къыхимыгъэхьамэ, пэжырытхэмк1э зы щыуагъэ ф1эк1 имыщ1амэ, нагъыщэ гъэувык1эмк1э щыуагъэу зы ф1эк1а хэмытмэ.

«4» ягъэув, тхыгъэр зытепсэлъыхьыр тэмэму къыгуры1уэмэ ик1и зэк1элъык1уэу, гуры1уэгъуэу, къи1уэтэжамэ, стилистическэ щыуагъэу зы – т1у, пэжырытхэмк1э щыуагъэу т1у, нагъыщэ гъэувык1эмк1э щыуагъэу зы – т1у ф1эк1а хэмытмэ.

«3» ягъэув, тхыгъэр зытепсэлъыхьыр мы1ейуэ къыгуры1уэмэик1и къи1уэтэжмэ, ауэ къэ1уэтэжык1эм щыуагъэу зы – т1у нэхъыбэ хэмытмэ е и зэк1элъык1уэк1эм ныкъусаныгъэ мащ1э ф1эк1 имы1эмэ, тхыгъэм хэт стилистическэ щыуагъэхэр щы, пэжырытхзэмк1э ик1и нагъыщэ гъэувык1эмк1э щыуагъэхэр зэхэту блы нэхъыбэ мыхъумэ.

«2» ягъэув, къызэджар къызэрыгурымы1уар къыщи1уэтэжым къигъэлъагъуэу щыуагъэ зыбжанэ ищ1амэ, тхыгъэм зэк1элъык1уэныгъэ, зэпхыныгъэ яку имылъамэ, стилистическэ щыуагъэ зыбжанэ хэтмэ, пэжырытхэмк1э, нагъыщэ гъэувык1эмк1э щыуагъэхэр зэхэту блы нэхъыбэ ищ1амэ.

Къызэрапщытэ лэжьыгъэхэм:

«5» ягъэув орфографическэ щыуагъэ е пунктуационнэ щыуагъэ зы ф1эк1 хэмытмэ.

«4» ягъэув орфографическэ щыуагъэу т1у пунктуационнуиэ щыуагъэу т1 у ф1эк1 хэмытмэ е орфографическэ щыуагъэу зы нэхърэ пунктуационнэ щыуагъэу щы нэхърэ нэхъыбэ зыхэмыт диктантым.

«3» ягъэув щыуагъэхэм я бжыгъэр орфографическэу пл1ырэ пунктуационнэу пл1ым е орфографическэу щырэ пунктуационнэу тхум щ1имыгъуу щытмэ, е орфографическэу зыри хэмыту пунктуационнэу блы зыхэтым.

«2» ягъэув орфографическэ щыуагъэр блым, пунктуационнэ щыуагъэр блым щхьэдэхамэ е орфографическэу хырэ пунктуационнэу ирэ, орфографическэу тхурэ пунктуационнэу бгъурэ, орфографическэу ирэ пунктуационнэу хырэ хэтмэ.

Адыгэ литературэ 6-нэ класс
Учебно-тематическэ план


№№
Разделхэм я темэхэр
Сыхьэт
Б/з
Кл/едж
Егъэджэныгъэ


Адыгэ 1уэры1уатэ
8
2

6


Тхыдэр зи лъабжьэ хъыбархэр
6

1
5


Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэхэр
7
2

5


Шортэн Аскэрбий и тхыгъэхэр
3


3


Брат Хьэбас и тхыгъэхэр
3

1
2


К1эрашэ Тембот и тхыгъэхэр
4
1

3


Абыт1э Владимир и тхыгъэхэр
2


2


Щомахуэ Амырхъан и тхыгъэхэр
3


3


К1ыщокъуэ Алим и усэхэр
5

1
4


К1уащ Бет1ал и усэхэр
5
2

3


Дыгъужь Къурмэн и тхыгъэхэр
3


3


Гъубжокъуэ Лиуан и тхыгъэхэр
2

1
1


Жылэтеж Сэлэдин и тхыгъэхэр
4
2

2


Сонэ Амдулчэрим и усэхэр
1


1


Жаным Борис и басняхэр
1


1


Абыт1э Хъызыр и тхыгъэхэр
3


3


1ут1ыж Борис и тхыгъэхэр
4

1
3


Къуиикъуэ Налбий и тхыгъэхэр
1


1


Яджар къэпщытэжын
3


3

Псори
68
9
5
54

















Программэм и зээлъык1эмрэ абы къызэщ1иубыдэхэмрэ.

Егъэджэныр зэрызэхэлъымрэ абы къызэщIиубыдэмрэ
Нэхъыщхьэу ягъуэтын хуей щIэныгъэхэмрэ есэныгъэхэмрэ

VI КЛАСС

I. Хэзыгъэгъуазэ

Художественнэ литературэр гъащ1эм щыщ 1уэхугъуэу зэрыщытыр.
Щ1эблэм я зэхэщ1ык1ым, я гупсысэм зегъэузэщ1ынымк1э литературэм зэф1игъэк1 къалэнхэр.

II. Адыгэ 1уэры1уатэ

Нарт эпосым хэзыгъэгъуазэ


Нарт хъыбархэр. «Тхьэгъэлэджрэ Лъэпщ и къуэ Дзэхупщрэ», «Лъэпщ и 1эдэ», «Нартхэ я гъубжэ», «Сэтэней и л1эк1ар».

Тхыдэр зи лъабжьэ хъыбарыжьхэр.


Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа хъыбархэр.
Нарт эпоск1э зэджэр, нарт хъыбархэмрэ нарт пшыналъэхэмрэ зи1э лъэпкъхэр.

Нарт хъыбархэр зытеухуамрэ абы къа1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ, абыхэм яхэлъ гъэсэныгъэ мыхьэнэр.



Тъыдэр зи лъабжьэ хъыбарыжьхэм я мыхьэнэр,лъахэр ф1ыуэ лъагъуным, лей зытехьэм къыщхьэщыжыным къызэрыхуриджэр.

Жэбагъы и хъыбархэм мыхьэнэуэ и1эр.

III Щоджэнц1ык1у А.1.

Щоджэнц1ык1у А.1 и тхыгъэхэр. «Щ1ымахуэ жэщ» поэмэр.


«Хьэжыгъэ пут закъуэ» рассказыр
Империалистхэм зэхаубла зауэм и хьэзабыр зышэч ц1ыху къызэрыгуэк1ым и гъащ1эр поэмэм къыхэрыхэщыр.

Пщыл1ыгъэр траха нэжьи мэкъумэшыщ1эхэм я псэук1эк1э щхьэхуитыныгъэ зэрамыгъуэтар рассказым къызэрыхэщыр.

IV. Брат Хь.М

«Замир» рассказым къи1уэтэж 1уэхугъуэр.
Тхыгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэр адыгэ бзылъхугъэм ип1ыжа щ1алэ ц1ык1ум ф1аща ц1эм къызэригъэлъагъуэр.зауэм къихь бэ1ут1э1ур къызэрыщыгъэлъэгъуар.

V. Жаным Б.1.

«Щ1ы1убыирэ ужьэмрэ»басняр зытепсэлъыхьымрэ къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ
Тхыгъэм щ1элъ щ1агъыбзэр къэгъэлъэгъуа зэрыхъуар. Ущиер абы и иужьрей сатырипл1ым къызэри1уатэр.

VI. К1эрашэ Т.М.

«Гум ф1эф1к1э» очеркым къи1уэтэж 1уэхугъуэр къыщыхъуар.

Фашистхэм я бийуэ партизанхэм ирагъэк1уэк1а бэнэныгъэр тхыгъэм къызэрыхэщыр.

VII. Абыт1э В. Къ.

«Л1ыгъэм и дамыгъэ» поэмэр зытепсэлъыхьымрэ абы и гупсысэ нэхъыщхьэмрэ.
Хэку зауэшхуэм и зэманым зауэм щы1ахэм къадэк1уэу лъахэм къэнахэри бэнэныгъэм зэрыхэтар тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар.

VIII. Щомахуэ А.Къ.

«Зэкъуэшит1» тхыгъэр зытеухуамрэ зытепсэлъыхь 1уэхугъуэмрэ.
Къэралбийрэ Чапайрэ зэныбжьэгъу зэрызэхуэхъуа щ1ык1эр.. Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъуныгъэр рассказым къызэрыхэщыр.

IX Шортэн А.Т1.

«Балъкъ и деж» тхыгъэр зытеухуамрэ зытепсэлъыхь 1уэхугъуэмрэ
Рассказым хэт л1ыхъужьхэм я хьэл-щэнхэр, я гурыгъу – гурыщ1эхэр, Тхыгъэм хэлъ гъэсэныгъэ ущииныгъэ мыхьэнэр.

X . К1ыщокъуэ А.П.

«Поэзие», «Си хъуэхъу», «Гъуэгу къежьап1э», «Пасэрей хабзэ». усэхэр зытеухуар.
Усэхэм ц1ыхугъэр, адыгэ хабзэр, бзэр, адэ щ1ыналъэр абы и ц1ыху гуащ1аф1эхэр къызэрыхэщыр.

XI К1уащ Б.И.

Усак1уэм теухуа псалъэ. «Гуащ1эдэк1», «Силъахэ», «Сэ сф1эф1щ», усэхэм къа1уатэ 1уэхугъуэр.
Усэхэр мамыр лэжьыгъэм, ц1ыхугъэм, зэныбжьэгъуныгъэм, мамырыгъэм, Хэкум щек1уэк1 зэхъуэк1ыныгъэхэм ятеухуауэ зэрыщытыр.

XII Дыгъужь Къу.

Ц1ыхухэм я зэхущытык1эмрэ дунейм и къэхъукъащ1эхэмрэ «Мырсыт» тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар.
Унагъуэ псэущхтэхэр ц1ыхум сэбэп къызэрыхуэхъур, ахэр тэмэму зехьэн, гущ1эгъу яхуэщ1ын зэрыхуейр рассказым къызэрыщыгъэлъэгъуар.

XIII. Гъубжокъуэ Л.М.

«Къуршхэр плъырщ» усэр зытеухуамрэ къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ.
Усэм лъахэм и теплъэр гу хуабагърэ ц1ыхугъэ инрэ хэлъу къызэрыщыгъэлъэгъуар.

XIV. Жылэтеж С.

«К1ыгуугу лъэпкъым я к1уэдыжык1ар» рассказыр зытеухуамрэ къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ.
Ахэр лъэпкъым и нэщэнэ, ф1ыгъуэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр, ар хъумэн зэрыхуейр тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар. Ц1ыхухэм яку дэлъын хуей зэхущытык1эр щ1агъыбзэк1э хъыбарым къызэри1уатэр.

XV. Сонэ А.Къ.

«Шагъдий» усэм гъэнщ1ауэ адыгэшыр къызэрыщыгъэлъэгъуар.
Адыгэм шым пищ1 зэрыщымы1эр, ижь-ижьыж лъандэрэ «лъэпкъым и гуауи и гуапи» дигуэшу къыдэгъуэгурык1уэ псэущхьэр усак1уэм зэригъэлъап1эр, зэри1этыр. «Адыгэл1рэ адыгэшрэ» жезыгъэ1а ди нэхъыжьхэм я эф1эк1ыу, хьэл-щэну къыхэщыжыр.

XVI. Абыт1э Хь.Я.

«Жэщым и 1эф1ыгъуэщ» усэр зытеухуамрэ къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ.

«Бгы абрагъуэмрэ джэдык1э ц1ык1умрэ» усэр зытеухуамрэ къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ.
Усэм удзым, жыгхэм, псынэм, пшэ 1эрамэм псэ я1уту къызэрыщыгъэлъэгъуа щ1ык1эр.

Гъащ1эр зэрыуахътыншэр, дахэу дунейм тетым нэхъ насыпыф1э зрыщымы1эр усэм къызэригъэлъэгъуар.

XVII 1ут1ыж Б.Къу.

«Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ» рассказыр зытеухуамрэ къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ.
Зауэ нэужь илъэсхэм ди ц1ыхухэм я псэук1эр гугъуами, ц1ыхугъэр, хабзэ-нэмысыр ягъэнэхъапэу зэрыщытар тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар.

XVIII Къуиикъуэ Н.Ю.

«Жыгыр пызыупщ1хэм» усэр зытеухуамрэ къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ.
Ц1ыхумрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ быдэу зэрызэпыщ1ар, щ1ыуэпсыр хъумэныр ц1ыхум и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр усэм къызэрыщыгъэлъэгъуар.къэк1ыгъэхэм, псом хуэмыдэупхъэщхьэмыщхьэ къызыпык1э жыгхэм ц1ыху гъащ1эм ща1э мыхьэнэр усак1уэм зэригъэбелджылы щ1ык1эр.









































Адыгэ литературэ 6-нэ класс
Учебно-тематическэ план
№№
Разделхэм я темэхэр
Сыхьэт
Б/з
Кл/едж
Егъэджэныгъэ


Хэзыгъэгъуазэ
1


1


Адыгэ 1уэры1уатэ
6
1

5


Тхыдэр зи лъабжьэ хъыбархэр
5

1
4


Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэхэр
6
1
1
4


Шортэн Аскэрбий и тхыгъэхэр
2


2


Брат Хьэбас и тхыгъэхэр
2


2


К1эрашэ Тембот и тхыгъэхэр
5

1
4


Абыт1э Владимир и тхыгъэхэр
3
1
1
1


Щомахуэ Амырхъан и тхыгъэхэр
1
1

2


К1ыщокъуэ Алим и усэхэр
4

1
3


К1уащ Бет1ал и усэхэр
6
2
1
3


Дыгъужь Къурмэн и тхыгъэхэр
3

1
2


Гъубжокъуэ Лиуан и тхыгъэхэр
1


1


Жылэтеж Сэлэдин и тхыгъэхэр
4
1
1
2


Сонэ Амдулчэрим и усэхэр
1


1


Жаным Борис и басняхэр
2


2


Абыт1э Хъызыр и тхыгъэхэр
3

1
2


1ут1ыж Борис и тхыгъэхэр
6
2
1
3


Къуиикъуэ Налбий и тхыгъэхэр
1


1


Яджар къэпщытэжын
3


3

Псори
68
9
10
49





















6-нэ классым щеджэхэм литературэмк1э ягъэзэщ1эн хуей лэжьыгъэхэр.
Жьэры1уатэу:
Художественнэ тхыгъэм гъэхуауэ, зыхэщ1эгъуэу, ирижэу къеджэн;
гук1э зрагъэщ1а тхыгъэхэм е ядж тхыгъэхэм гъэхуауэ ик1и зыхэщ1эгъуэу къеджэн.
яджа художественнэ тхыгъэм теухуа сочиненэ – рассужденэ зэхэлъхьэн.
езыр-езыру зэджа тхыгъэхэм, зэплъа фильмхэм отзыв иратыфу егъэсэн.

Тхыгъэк1э:

эпическэ тхыгъэ мыинхэр дэмыгъэхуа1ауэ, хэчыхьауэ ик1и зэщ1экъуауэ къа1уэтэжын:
эпическэ тхыгъэ мыиным е художественнэ мыиным план хузэхэлъхьэн:
тхыгъэ гуэрым и инсценировкэ щ1ын.

6-нэ классым щ1эс еджак1уэхэм я1эн хуей щ1эныгъэхэмрэ есэныгъэхэмрэ
Еджак1уэхэм ящ1эн хуейщ:
художественнэ тхыгъэ яджахэр, абыхэм я сюжетымрэ литературнэ л1ыхъужьхэмрэ;
зэхэщ1ык1ыгъуэ гуэрхэм я щытык1э щхьэхуэхэр: пейзаж, портрет,
егъэлеиныгъэхэр;
гукIэ зэрагьэщ1эн хуейуэ программам къигъэлъагьуэ тхыгъэхэр

Еджак1уэхэм яхузэф1эк1ын хуейщ:
литературнэ л1ыхъужьхэр я хьэл-щэнрэ я 1уэхущ1афэ елъытауэ ягьэбелджылыфын, абыхэм ятепсэлъыхьыфын;
зэджа тхыгъэхэм хэт изобразительно-выразительнэ 1эмалхэр (пейзажыр, егъэлеиныгъэр) къагъуэтыфын, абыхэм я1э мыхьэнэр къа1уэтэфын;
художественнэ тхыгъэхэм, тхылъым ит текстхэм тэмэму, псыщ1эу ик1и зэхэщ1эгъуэу еджэфын. Зэреджэну псынщ1агъыр: зы дакъикъэм псалъи 110-120;
эпическэ тхыгьэ мыин дыдэр е абы щыщ пычыгьуэр к1эщ1у, убгьуауэ е хэчыхьауэ жьэры1уатэуи тхыгъэк1и къа1уэтэжыфын;
литературнэ л1ыхъужьым тепсэлъыхь тхыгъэ зэрызэхэлъхьэн план ягъэувыфын;
яджа произведенэм теухуа сочиненэ-рассужденэ къызэрагьэпэщыфын (тхыгьэк1э е жьэры1уатэу);
езыр-езыру зэджа литературнэ тхыгъэм отзыв иратыфын (абы хэт л1ыхъужьхэм е нэгьуэщ1 1уэхугьуэхэм хуа1э щытык1эхэр кьыхэщу.

Еханэ классыр къэзыух еджак1уэм игъуэтыпхъэ щ1эныгъэхэмрэ есэныгъэхэмрэ
яджа художественнэ тхыгъэр зытеухуар, абы щек1уэк1 1уэхугъуэхэр, хэт литературнэ л1ыхъужьхэр;
1уэхугъуэ гуэрым гъэхуауэ тепсэлъыхьын;
Иджа тхыгъэр зытеухуар, абы къыщыхъу – къыщыщ1эхэр;
Тхак1ум и 1уэху еплъык1эр къыхэгъэбелджылык1ыныр;
зэджа тхыгъэм зригъэгупсысахэм, абы къыщы1эта 1уэхугъуэхэм зэхэщ1ык1ыгъуэу тепсэлъыхьыжыныр. АДЫГЭ ЛИТЕРАТУРЭ 6 - НЭ КЛАСС

№№
Темэхэр
Сыхьэт
Унэ
лэжьыгъэ
Щек1уэ
к1ынур
Щек1уэ
к1ар


Хэзыгъэгъуазэ
1
н.3-5
02.09.15



«Тхьэгъэлэджрэ Лъэпщ и къуэ Дзэхупщрэ»
1
упщ1.жэуап етын
04.09.15



«Лъэпщ и 1эдэ»
1
с.24-рэ гук1э
09.09.15



«Нартхэ я гъубжэ»
1
упщ1.жэуап етын
11.09.15



«Сэтэней и л1эк1ар»
1
харк-кэ зэхэлъ.
16.09.15



Нарт эпосым теухуауэ
1

18.09.15



Б/з Сочиненэ «Сэ ф1ыуэ слъагъу нарт л1ыхъужьыр»
1
соч. елэжь.
23.09.15



Б/з Сочиненэ «Сэ ф1ыуэ слъагъу нарт л1ыхъужьыр»
1
соч. елэжь.
25.09.15



Тхыдэр зи лъабжьэ хъыбархэр.
«Андемыркъан щ1алэ ц1ык1уу зек1уэ зэрык1уар»
1
с. 24-рэ гук1э
30.09.15



«Беслъэн пц1апц1э»
1
упщ1.жэуап етын
02.10.15



Къэзэнокъуэ Жэбэгъы теухуа псалъэ






Къэзэнокъуэ Жэбэгъы и хъыбархэр: «Хэт мысэр?»
1
н.28-31
07.10.15



«Делэм сэ сыф1ок1, губзыгъэр езыр къысф1ок1»
1
упщ1.жэуап етын
09.10.15



Кл.щ1 «Нарт Бэдынокъуэрэ Иныжьымрэ»
1
езыр-езыру еджэн
14.10.15



Щоджэнц1ык1у Алий «Щ1ымахуэ жэщ» поэмэм щыщ пычыгъуэ гук1э зэгъэщ1эн. Литературэм и теорие
1
хрон.табл.
хэзыгъэгъу.
16.10.15



Щоджэнц1ык1у Алий «Щ1ымахуэ жэщ» поэмэм щыщ пычыгъуэ гук1э зэгъэщ1эн. Литературэм и теорие
1
хрон.табл.
хэзыгъэгъу.
21.10.15



Щоджэнц1ык1у Алий «Хьэжыгъэ пут закъуэ» рассказыр
Литературэм и теорие.
1
упщ1.жэуап етын
23.10.15



Щоджэнц1ык1у Алий «Хьэжыгъэ пут закъуэ» рассказыр
Литературэм и теорие.
1
упщ1.жэуап етын
28.10.15



Щоджэнц1ык1у Алий «Хьэжыгъэ пут закъуэ» рассказыр Лит.и теорие.
1
упщ1.жэуап етын
30.10.15



Б/з Тхыгъэм пэгъунэгъу изложенэ
1
изл.елэжь.
13.11.15



Б/з Тхыгъэм пэгъунэгъу изложенэ
1
изл.елэжь.
18.11.15



Шортэн Аскэрбий «Балъкъ и деж»
1
хрон.табл
20.11.15



Шортэн Аскэрбий «Балъкъ и деж»
1
хрон.табл
25.11.15



Шортэн Аскэрбий «Балъкъ и деж». Рассказым хэт лит. л1ыхъужьхэр
1
хар-кэ зэхэлъ.
27.11.15



Брат Хьэбас «Замир». Рассказым щыщ пычыгъуэ гук1э зэгъэщ1эн
1
с. 24-рэ гук1э
02.12.15



Брат Хьэбас «Замир». Рассказым щыщ пычыгъуэ гук1э зэгъэщ1эн
1
с. 24-рэ гук1э
04.12.15



Кл.щ1 Бемырзэ М.Хь. и усэхэр
1
Езыр-езыру еджэн
09.12.15



К1эрашэ Тембот «Гум ф1эф1к1э»
Литературэм и теорие
1
Хрон.табл.
Хар-кэ зэхэлъ.
11.12.15



К1эрашэ Тембот «Гум ф1эф1к1э»
Литературэм и теорие
1
Хрон.табл.
Хар-кэ зэхэлъ.
16.12.15



К1эрашэ Тембот «Гум ф1эф1к1э»
Литературэм и теорие
1
Хрон.табл.
Хар-кэ зэхэлъ.
18.12.15



Б/з Упщ1эм жэуап укъуэдия етын
1
Жэуап укъуэдия
23.12.15



Абыт1э Владимир «Л1ыгъэм и дамыгъэ»
1
Хрон.табл.
Поэмэр зэпкър.
25.12.15



Абыт1э Владимир «Л1ыгъэм и дамыгъэ»
1
Хрон.табл.
Поэмэр зэпкър.
15.01.16



Щомахуэ Амырхъан «Зэкъуэшит1»
1
Хрон.табл.
20.01.16



Щомахуэ Амырхъан «Зэкъуэшит1»
1
Хрон.табл.
22.01.16



Щомахуэ Амырхъан «Зэкъуэшит1». Ныбжьэгъугъэр рассказым къызэрыхэщыр
1
Соч.к1эщ1 тхын
27.01.16



К1ыщокъуэ Алим «Гъуэгу къежьап1э»
1
гук1э зэгъэщ1эн
29.01.16



«Си хъуэхъу» усэр
1
Анализ щ1ын
03.02.16



«Поэзие» усэр
1
Анализ щ1ын
05.02.16



«Пасэрей хабзэ» усэр
1
Анализ щ1ын
10.02.16



Кл.щ1 Бицу А.М. и усэхэр
1
Езыр-езыру еджэн
12.02.16



К1уащ Бет1ал «Сэ сф1эф1щ»
1
Анализ щ1ын
17.02.16



«Гуащ1эдэк1» усэр
1
Анализ щ1ын
19.02.16



«Зэманыр 1уэхук1э зыгъэнщ1ыфыр» Литературэм и теорие
1
усэр гук1э зэгъэщ1эн
24.02.16



Б/з Сочиненэ «Зэманыр 1уэхук1э зыгъэнщ1ыфыр – аращ езыр зэманыр зейр»
1
Соч.елэжь.
26.02.16



Б/з Сочиненэ «Зэманыр 1уэхук1э зыгъэнщ1ыфыр – аращ езыр зэманыр зейр»
1
Соч.елэжь.
02.03.16



Дыгъужь Къурмэн «Мырсыт»
1
Хрон табл.
04.03.16



Дыгъужь Къурмэн «Мырсыт». Унагъуэ псэущхьэхэм яхуэщ1ын хуей гулъытэр
1
Соч-рас.
09.03.16



Гъубжокъуэ Лиуан «Къуршхэр плъырщ»
1
Хрон.табл.
11.03.16



Кл.щ1 Мэзыхьэ Б.Б. и рассказхэр
1
Езыр-езыру еджэн
16.03.16



Жылэтеж Сэлэдин «К1ыгуугу лъэпкъым я к1уэдыжык1ар»
1
Хрон табл.
Упщ1.жэуап
18.03.16



Жылэтеж Сэлэдин «К1ыгуугу лъэпкъым я к1уэдыжык1ар»
1
Хрон табл.
Упщ1.жэуап
23.03.16



Б/з Тхыгъэм пэгъунэгъу изложенэ
1
Изл. елэжь
01.04.16



Б/з Тхыгъэм пэгъунэгъу изложенэ
1
Изл. елэжь
06.04.16



Сонэ Абдулчэрим
«Шагъдий »
1
усэр гук1э зэгъэщ1эн
08.04.16



Жаным Борис «Щ1ы1убымрэ ужьэмрэ»
Литературэм и теорие
1
Хрон.табл.
Темэр, идеер
13.04.16



Абыт1э Хъызыр «Бгы абрагъуэмрэ джэдык1э ц1ык1умрэ»
1
Хрон.табл.
Упщ1.жэуап
15.04.16



Абыт1э Хъызыр «Бгы абрагъуэмрэ джэдык1э ц1ык1умрэ»
1
Хрон.табл.
Упщ1.жэуап
20.04.16



«Жэщым и 1эф1ыгъуэм»
1
усэр гук1э зэгъэщ1эн
22.04.16



1ут1ыж Борис «Насыпыр щагуэщыр пщэдджыжьырщ»
1
Хрон.табл.
Упщ1.жэуап
27.04.16



1ут1ыж Борис «Насыпыр щагуэщыр пщэдджыжьырщ»
1
Хрон.табл.
Упщ1.жэуап
29.04.16



1ут1ыж Борис «Насыпыр щагуэщыр пщэдджыжьырщ». Зауэ нэужь илъэсхэм ди ц1ыхухэм я псэук1ар
1
Жэуап укъэдия етын
04.05.16



Кл.щ1 Нало Заур и новеллэхэр
1
Езыр-езыру еджэн
06.05.16



Къуиикъуэ Налбий «Жыгыр пызыупщ1хэм»
1
Хрон.табл.
Упщ1.жэуап
11.05.16



Тест лэжьыгъэ
1

13.05.16



Яджар къегъэпщытэжын
1

18.05.16



Яджар къегъэпщытэжын
1

20.05.16



Яджар къегъэпщытэжын
1

25.05.16



ПСОРИ-68, Б/З-9, КЛ.Щ1 – 5








ЕДЖАК1УЭХЭР ЗЭРЕДЖЭНУ ТХЫЛЪЫР.
Адыгэ литературэ.6 класс «Эльбрус» 2009 гъ. Авторыр: Ержыб А.К.



ЕГЪЭДЖАК1УЭМ КЪИГЪЭСЭБЭПЫПХЪЭ МЕТОДИЧЕСКЭ ЛЭЖЬЫГЪЭХЭМРЭ ПОСОБИЕХЭМРЭ
Республиканская целевая программа «Модернизация учебной книги на национальных языках на 2007 – 2011 годы». Нальчик – 2010 г.
Адыгэ литературэ.6 класс «Эльбрус» 2009 гъ. Авторыр: Ержыб А.К.
Балэ Л.Ф. Изложенэхэмрэ сочиненэхэмрэ. (5-нэ-11-нэ классхэм папщ1э). Налшык, 2008.

КЪАГЪЭСЭБЭПЫПХЪЭ ПСАЛЪАЛЪЭХЭР

Автор гуп. Урыс-адыгэ псалъалъэ. Москва, 1955.
Автор гуп. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык, 1957, 2008.
Автор гуп. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва, 1999..
Зэхъуэхъу Л. Хь. ЩоджэнцIыкIу Алий и бзэм и псалъалъэ. Налшык, 1971.
ЗекIуэрей Н. Н. Урыс-адыгэ термин псалъалъэ. Налшык, 1999..
Молэмусэ Хь. Т. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ (щыпсэу) къуалэбзухэр. Налшык, 1967.
Сыкъун Хь.Хь., Сыкъун И.Хь. Къэбэрдей-шэрджэс-урыс-инджыл-тырку псалъалъэ сурэту зэхэлъхьар. Налшык, 1998.
Хьэкъун Б. И. Адыгэ къэкIыгъэцIэхэр. Налшык, 1992.
ЩхьэщэмыщI Хь. Хь. АдыгэцIэ зиIэ псэущхьэхэр. Налшык, 1998.
Щхьэгъэпсо С. Хь., Слон Л. Хь. КъэкIыгъэхэм я адыгэцIэхэр. Налшык, 1994.

















Рисунок 7C:\Users\1\Desktop\Мадина программы\пр0001.jpg Заголовок 1 Заголовок 215