Планирование Национальные обычаи кабардинцев


Пасэрей адыгэ джэгум щызек1уэу щыта хабзэхэр.
Мурадыр: адыгэ джэгум и ек1уэк1ык1эр, абы щызек1уэу щыта хабзэхэр ягъэщ1эн;
ди адыгэ хабзэр нэсу ящ1эу, щхьэхуещагъэ, фэрыщ1агъэ яхэмылъу ягъэзащ1эу егъэсэн.
Къалэныр: я гур къабзэу, я псалъэр пэжу,хьэрэмагъ яхэмылъу, я щ1ыхь
ямыгъэлъахъшэу, нэгъуэщ1ыр я щхьэ иралъытыфу, къарууншэр тегушхуэгъуаф1э ямыщ1у, лей къызылъысым къыщхьэщыжу, мы-
фыгъуэу, мынэпсейуэ, я гуащ1э хьэлэлк1э псэужу, я бзылъхугъэр ягъэлъап1эу, я нэхъыжь пщ1э хуащ1у, фадэм пэ1эщ1эу, лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ яхъумэу къэгъэтэджын.
Егъэк1уэк1ыпхъэ лэжьыгъэхэр:
1.Адыгэ фащэмрэ щапхъэмрэ къэзыгъэлъагъуэ выставкэ къызэгъэпэщын.
2.Усэхэм къеджэн.
3. Адыгэ джэгум и ек1уэк1ык1эу щытам к1элъыгъэплъын.
4.Утыку Гуащэ джэгур ягъэщ1эн.
Джэгум и ек1уэк1ык1эр:
Езыгъ. Дунейм зы лъэпкъи теткъым ди адыгэхэм хуэдэу хабзэ дахэ зи1э. Ауэ «Хабзэр бзэгупэк1э зэрахьэркъым» же1э адыгэ псалъэжьым.Хабзэр уи1э къудейк1э зэф1эк1ыркъым, ар гъэзэщ1эн хуейщ. Сэ иджыпсту я гугъу сщ1ыну сыхуейкъым адыгэм и ц1эр жыжьэ зыгъэ1уа адыгэ хабзэжьхэм я дахагъым, ф1агъым е абыхэм я мыхьэнэм. Си гугъэщ ар псоми тщ1эуэ ик1и къыдгуры1уэу. Сэ зи гугъу сщ1ыну сызыхуейр нобэрей ди зэманым а хабзэм и1э хъуа щытык1эращ, ар зыгъэзащ1э ц1ыхухэр зэрымащ1э дыдэращ. Нобэ къытхуэнэжа нэхъыжь т1эк1ум, абы щ1эныгъэл1хэри яхэту, ящ1эр зэдмыгъащ1эмэ, хабзэр зыхэдмылъхьэжмэ, си гугъэщ апхуэдизу ф1ык1э, нэмыск1э зи ц1э 1уа адыгэ лъэпкъым хьэли, щэни, фащи, щапхъи-зыри къыхэмынэжыну. Абы дригузавэу, хабзэр ди сабийхэм ящ1арэт, нэмыс яхэлъу къэтэджарэт жыт1эу аращ нобэрей ди зэ1ущ1эр зытеухуари, дыщогугъ абы псом ди дежк1и мыхьэнэ и1эну, мы джэгум зэхэфхыну е флъагъуну хабзэхэм ящыщхэри фигу ирихьу зыхэфлъхьэну фыхэтыну.
Ди зэ1ущ1эр зытеухуауэ щытыр пасэрей адыгэ джэгум и ек1уэк1ык1амрэ абы щызек1уэу щытаха хабзэхэмрэщ. Аращи, ди псалъэмакъым щ1ыдодзэ.
1 еджак1уэ. (Бемырзэ М. «Уадыгэным къик1ыр» усэр).
Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ,
Адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ.
Зэманыр жырри зыгъэлъалъэ гухъущ,-
Абы екъутэр ц1ыхум и хьэл- щэныр.
Абы пэлъэщкъым лъэпкъми и къарур.
Игъащ1эк1э хабзэф1 зэрихьэгъахэр,
Зэхекъутэжри ди зэман ерум,
Хуэнщ1ей пэлъытэу яхепхъэжыр гъэхэмАдыгэ ц1ыхури мэхъу к1уэ пэтми жьгъей.
Хъанцэгу и къуршрэ и тенджызу псынэрЩхьэхуэф1 гухэлъым ар иронэщхъей,
Лъэпкъ к1уэд зэрыхъур имылъагъуу и нэм.
Ди щ1эблэр едэ1уэжкъым къэзылъхуам,
Еплъыжкъым ди ц1ыхубзхэр я нэмысым,
Фадэм и пщыл1ып1э зэрыхуамДи щ1алэхэр ехьыж игъуэ нэмысу.
2 еджак1уэ
Уадыгэныр мыгурыф1-гурей,
Зи уэлиигъуэм ф1эф1мэ -улъэпкъыпсэу,
Адыгэу хъуам тралъхьэмэ тезыр,
1эщ1ыб пщ1ыжыну уи анэдэлъхубзэр.
П1урылъу зы бзэ, узэдису зыщ1,
Хьэлэлу къыщыптепсэк1э зы дыгъэ,
Адыгэу упсэуным къик1ыр зыщ-
Уадыгэну къыпкъуэк1ынырщ л1ыгъэ.
Езыгъ. Куущ адыгэ лъэпкъым и тхыдэри. Жыжьэ дыдэ мэ1эбэ абы и къуэпсхэри. Иджырей ди зэманым щыпсэу дэтхэнэ зы ц1ыхуми хуэдэу, адыгэхэм я гупсысэми 1уэху еплъык1эми захъуэжащ. Захъуэжащ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ ди хабзэ дахэхэми, абыхэм ящыщу куэдыр гъащ1эм и архъуанэм ирихьэжащ. Ауэ абы къик1ыркъым дэ зыри хабзэ тхэмылъыжу, а ди1эж мащ1эри дымыхъумэжу. Нобэрей ди зэманми щыхъума хъуащ адыгэхэр дуней псом ц1эры1уэ щызыщ1а нэхъыжьхэм хуащ1 пщ1эри, ц1ыхубзым, сабийм к1элъызэрахьэ хабзэм и к1апэлъапэхэри, ауэ абыхэм зэхъуэк1ыныгъэшхуэ ягъуэтащ.
Зэхъуэк1ыныгъэ игъуэтащ дэ нобэ дызытепсэлъыхьыну джэгу ек1уэк1ык1эми, а джэгум и псэу щыта щ1алэгъуалэм я зэхэтык1эми, аращи дык1элъывгъэплъ иджыпсту пасэрей адыгэ джэгум и тхыдэм.
Езыгъ. Ди адыгэ 1уэры1уатэм деж къыщыщ1эддзэнщи, иджыри Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ сымэ 1энэри абы тетхэри ямыгъэхъейуэ, шыпс зэрыт фалъэри кърамык1уту, фалъэ 1уфэр къафыхьу нарт эпосым къыхощыж. Абы мывэхэм елэжьу щыщыта зэманым къыщыщ1едзэ. Абы лъандэрэ л1эщ1ыгъуэ зыбжанэ дэк1ащ, адыгэ джэгуми джэгу хэтык1эми захъуэжащ, ауэ джэгур иджыри щы1эщ ик1и щы1эну къыщ1эк1ынщ зы адыгэ дунейм тетыхуАдыгэ къафэ.
Езыгъ. Адыгэ джэгум пасэ зэманым хабзэшхуэ щызек1уэу щытащ. Абы щыбгъэзэщ1эн хуейт адыгэр адыгэу щ1абж хабзэ псори. Псалъэм папщ1э, гуф1эгъуэ зэхыхьэм, хьэгъуэл1ыгъуэм хъыджэбзыр к1уэртэкъым ар зи1э унагъуэр къемыджауэ. Абы щыгъуэми е и дэлъху, е дзыхь зыхуащ1 я гъунэгъу щ1алэ и гъусэн хуейт. Ещхьыркъабзэу и закъуэу гъуэгу къытрагъэувэжу щытакъым. Хъыджэбзыр псэлъэрейуэ, дыхьэшхрилэу, къэфэрейуэ щыт хъунутэкъым. Апхуэдэм щхьэк1э жа1эрт «Хабзэмыщ1э напэтехщ» е «Хабзэмыщ1э щ1ык1ейщ».
Езыгъ. Пасэ зэманым адыгэ джэгур зэрек1уэк1ыу щытар дахэ дыдэу къыщыгъэлъэгъуащ К1эрашэ Тембот и «Шу закъуэ», Нало Ахьмэдхъан и «Нэхущ шу», Шэджыхьэщ1э Хь. И «Лъыщ1эж» романхэм, нэгъуэщ1хэми. Япэм щыгъуэ щы1а джэгу ек1уэк1ык1эр, тхыгъэхэм къызэрыхэщыжымк1э, куэдк1э нэхъ дахэт нобэрейм нэхърэ. Пасэ зэманым джэгур иригъэк1уэк1ыу щытащ Утыку гуащэм е хьэтияк1уэм.
Джэгур сыт хуэдэу ек1уэк1ынуми ахэрат зэлъытар. Абыхэм ящ1эрт хэтхэ я щ1алэ дэтхэнэ хъыджэбзыр игу ирихьми, хэтхэ къыдагъэфэнуми. Абыхэм зыри пэрыуэртэкъым ик1и зыхуагъэгусэртэкъым.
Езыгъ. Утыку гуащэрат джэгур зезыгъак1уэр: хэт дэтхэнэ хъыджэбзыр къигъэфэнуми, ф1ыуэ зэрылъагъуит1ыр къыздигъэфэнуми, нэху щыху зэ утыкум щызэхуимыгъэзэнуми утыку гуащэрат зи 1эмыщ1э илъыр. Джэгур яухыху ар утыкум итщ, къафэурэ щ1алэр къыдеш, езыр зыхуей хъыджэбзым ирешал1эри, ар къыдегъафэ. Игу къобгъамэ, къафэм укъытримышэу нэху щыху ущигъэтынк1э хъунут. Сыкъытришэркъым жи1эу джэгур ибгынэу к1уэж щ1алэр ауанышхуэ ящ1ырт, щ1энэк1алъэу илъэсит1- щык1э я1эт, е тезыр тралъхьэрти пщыхьэщхьэ зэхэск1э и щыуагъэр ирагъэпшыныжырт. Апхуэдэ лъэк1ыныгъэ и1э пэт, езы утыку гуащэми тезыр къыщытехуэ щы1эт, щытрагъэк1ыпи къэхъурт. Абы тезыр тезылъхьэну, утыку гуащэ къалэныр щхьэщихыну хуитыр къуажэм и нэхъыжьырат. Арат хэзыхри.
Утыку гуащэм и джэгу егъэк1уэк1ык1эр дахэ дыдэу къыщыгъэлъэгъуащ Шэджыхьэщ1э Хь. и «Лъыщ1эж» романым.
«Лъыщ1эж» романым щыщ теплъэгъуэ
(Утыку гуащэм тезыр зэрытралъхьэу щытар къыхэщу).
Джэгу щек1уэк1 пщ1ант1эм щ1алэ хьэщ1эр дыхьащ.
Хъыджэбзым мо щ1алэ мыц1ыху, нурыр къызыщхьэщихым гу къылъимытэу къэнакъым. Гу лъитэн дэнэ къэна, и нап1эр къи1этамэ, щ1алэ хьэщ1эрат плъап1эу и1эр. Къафэр зэриухыу утыку гуащэр къежьэрти, щ1алэ хьэщ1эм и дежк1э къафэурэ къак1уэрт. Хьэщ1эми, «сэращ дишыныр», - жыхуи1эу и бгъэр къригъэк1ырт, и п1эм ипы1эжыртэкъым. Ауэ, гуащэр къэсырти, щ1алэм щхьэщэ къыхуимыщ1у, къыбгъурытхэм щыщ гуэр дишырт. Джэгум хэтхэм абы гу лъатащи, зэрагъэщ1эгъуэныр ящ1эркъым, зохъуцацэхэр, утыку гуащэм хьэщ1эм ирих лейр къагуры1уэркъым. Апхуэдэурэ щэ - пл1э блитхъуа нэужь, утыку гуащэр аргуэру къыщыхуэк1уэм, щ1алэм хуэмышэчыжу зы лъэбакъуэ хъыджэбзым пежьэ хуэдэ, япэк1э ичащ. Утыку гуащэм къызыф1имыгъэ1уэхуу, блитхъури нэгъуэщ1 тришэри ежьэжащ. Хьэщ1эм и щхьэр къыф1эхуащ. Абы нэхъ напэтех сыт щы1эт! Хьэщ1эм къамэр кърипхъуэтри зыхи1ужыну и 1эр щи1этым, пхъуэри яубыдащ.
Константин Бальмонт и «Адыгэ пщащэ»
Уезгъэщхьынут дзэл жыг гуак1уэу 1уфэм 1уту зыкъизыхым,
Зи къудамэхэр гъэщхъауэ псым и макъыр зэхэзыхым.
Уезгъэщхьынут щиху жыгыщ1эу хъугъэпс 1эф1ыр зи пкъым щ1этым,
Щхьэк1эр ещ1эу, нэр п1эпихыу, уэгум хуе1эу зызы1этым.
Уезгъэщхьынут, уи зек1уэк1эр сэ щыслъагъук1э, сф1эф1у, пщащэ,
Зи бгы псыгъуэр зезыгъак1уэ уардэу лилие дахащэм.
Уезгъэщхьынут уэ индусхэм я къэфак1уэ 1эзэ дыдэм,
Къафэу щ1идзэмэ гурыщ1эр вагъуэ пщалъэк1э зылъытэм.
Уезгъэщхьынут…Сыт уезгъэщхьк1э, нэрылъагъур сэ жызмы1эу:
Ц1ыхубз псоми уэрщ яхэтыр зыхуэбгъадэ хъун щымы1эу.
Езыгъ. Лъэпкъым хэлъ а хабзэри нэмысри ихъумэну къызытехуэр псом япэу ц1ыхубзыращ, сыту жып1эмэ ар анэщ, щхьэгъусэщ, адыгэ жьэгум и хъумак1уэщ. Ик1и сэ къызолъытэ абы щыщ1идзэн хуейр и фащэрауэ. Уи к1эр уи лъэгуажьэм нэхърэ куэдк1э нэхъ лъагэу пыупщ1амэ, уи 1эбжьанэр пыгъэк1ык1арэ къыбжьэхэуэнк1э шынагъуэу, уи бгъэр къихарэ зебгъэзых мыхъуу адыгэ джэгум дауэу зэрыхэтынур. Дахэт джэгум ущыхэтк1э фащэ пщыгъыну. Абы дэтхэнэ хъыджэбзри игъэдэхэнут, и пщ1эр нэхъ лъагэ ищ1ынут.
Езыгъ. Гъэщ1эгъуэнщ адыгэ джэгум къыщагъэсэбэп макъамэхэри. Сэ сытепсэлъыхьыну сыхуейщ джэгум псэ къыхэзылъхьэ пшынэмрэ ар зыгъэбзэрабзэ пшынауэмрэ. Джэгум къашэр нэхъ пшынауэ 1эзэ дыдэхэрат, абы т1ысып1э щхьэхуэ хухахырт, пщ1эшхуэ хуащ1ырт.
К1эмыргуей Толэ. «Адыгэ пшынэ».
Ди адыгэ пшынэмТелъми 1эпэ дапщэ,
Языхэзри быдэуПыщ1ащ си гукъуэпс.
Бзэрэбзэжрэ бзаф1эу
Абы дауэдапщэ,
Къытхуигъэщ1 и гъунэмДуней псор щ1охъуэпс.
Пэжкъым а макъамэЗызэф1ишу дауэр,
Сэрыншамэ жи1эу
Гъащ1э гупк1эм фист.
Узилъхугъэ щыпкъэрМо къуршыжьхэрауэ,
Узэщ1а уи пшынэрКъилъэхъэн хуей «Твист»?
Хьэуэ, дэ езыхэрДохъур зы оркестр.
Ди лъэпкъми къихъуэнурМы зы-Темыркъан.
Ди гурыщ1э маф1эу
Ф1ыгъуэм хузэщ1эстыр,
Уэ адыгэ пшынэмПхуещ1ыр псэм и къан.Пшынэ макъамэхэр.
Езыгъ. Джэгур зыублэри зыкъутэжри хэгъэрейхэм ящыщ гуэрт. Хьэщ1эм пшыни трагъэувы1эртэкъым джэгуи тракъутэртэкъым. Джэгум хэт псоми зэрызэ нэхъ мыхъуми къэфэгъуэ чэзур ялъигъэсыным хущ1экъурт хьэтияк1уэр е абы и къалэныр зыгъэзащ1э щ1алэр. Ар хущ1экъурт гулъытэ нэхъ лей зыхуэзыщ1 ныбжьыщ1эхэр къызэдигъэфэным. Апхуэдэ щ1ык1эк1э нэхъыбэрэ зэхуэза ныбжьыщ1эхэр щызэрыши къэхъурт.
Щ1алэгъуалэ джэгу.