Темэр: Гъэм и зэманхэр.ЩоджэнцIыкIу Алий «ЩIымахуэ».Щ1ымахуэ зэманыр.


2 класс Урок№23 Каб/лит 05.12.2016г
Темэр: Гъэм и зэманхэр.ЩоджэнцIыкIу Алий «ЩIымахуэ».Щ1ымахуэ зэманыр.
Мурадхэр: Тхылъеджэм и1эн хуей зэф1эк1хэм сабийхэр хуезыгъасэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын, ядж усэм къыхах гупсысэхэр къа1уэтэфу егъэсэн,усэм и гъэпсык1эрм къэзыухъуреихь дунейм къыщыхъу зэхъуэк1ыныгъэхм теухуауэ я1э щ1эныгъэхр егъэбыдыл1эн, дахагъэр сабийхэм зэхегъэщ1эн, ар хъумэн, егъэф1эк1уэн зэрыхуейм хуэгъэсэн; дунейм и къэхъукъащIэхэмрэ щIымахуэм и щытык1эхэмрэ теухуауэ еджак1уэхэм я1э щ1эныгъэр егъэбыдыл1эн; тхыгъэм къеджэнымк1э яхузэф1эк1ыр егъэф1эк1уэн, я бзэм зегъэужьынымк1э лэжьыгъэхэм пыщэн, егъэф1эк1уэн.
Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэр. Щоджэн ц1ык1у Алий теухуа презентацэ. Щ1ымахуэм и дахагъэр къызэрыщ сурэт, компьютерк1э гъэлъэгъуэныгъэхэр.
Урокыр зэрек1уэк1ынур
I. Урокым и темэмрэ мурадымрэ еджак1уэхэм ябгъэдэлъхьэн. II. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэн.
1) «Сыту уеджэну» тхыгъэм къегъэджэн, абы дерс къыхахахэр къегъэ1уэтэн.
2) «Си Iуэху хэлъкъым» тхыгъэм къегъэджэн.
- Дауэ къыфщыхъуа щ1алэ ц1ык1уит1ым ялэжьар?
-Абыхэм яп1э фитамэ фэ сытыт фщ1энур?
III. Темэщ1эм хэшэн:
1) Упщ1эхэм жэуап ирегъэтын:
-Сыт щ1ымахуэр фигу щ1рихьыр?
- Сыт щ1ымахуэм фигу иримыхьу хэтыр?
2) Щ1ымахуэм и нэщэнэхэр къыжегъэ1эн.
(Адэк1э пытщэнщ къуэжэхьхэр ик1и ди темэр абы къыхэщынщ)
Ди пщ1ант1э п1этепхъуэ хужь тепхъуащ. (Уэс)
1эдэ-уадэншэу псым лъэмыж тезылъхьэ. (Мыл)
Нт1э нобэ зи гугъу тщ1ынур къэфщ1ауэ п1эрэ? (Щ1ымахуэ зэманырщ.) Къищынэмыщ1ауэ, Щоджэнц1ык1у Алий и гъащ1эмрэ и лэжьыгъэмрэ т1эк1у щыгъуазэ зытщ1ынщ, и усэхэм ящыщ зы «Щ1ымахуэ» жыхуи1эм деджэнщ.
IV.Темэщ1эм емыджэ щ1ык1э ехьэл1а лэжьыгъэхэр 1)Щоджэнц1ык1у Алий и гъащ1эмрэ и лэжьыгъэмрэ щыгъуазэ щ1ын. ( Усак1уэм теухуауэ еджак1уэхэм ягъэхьэзырахэм щ1эдэ1ун).
2) «Щ1ымахуэ» зи темэ кинофильм к1эщ1 егъэплъын. Мэз псэущхьэхэм щ1ымахуэм я псэук1эм тепсэлъыхьын 3) Щ1ымахуэм теухуа усэхэр, уэрэдхэр жегъэ1эн.
V.Зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ. Адыгэ къафэ мэкъамэ къеуэм ек1уу сабийхэм я 1эпкълъэпкъым зезыгъэшэщ1 адыгэ къафэм и элементхэр егъэгъэзэщ1эн.
VI.Щ1ымахуэм теухуауэ тхылъым ит сурэтым к1эщ1у тегъэпсэлъыхьын:
-Сыт сурэтым щыфлъагъур?
- Дунейм и щытык1эр сыт хуэдэ?
- Ц1ык1ухэр дауэ хуэпа? Сыт щ1эхуэпар?
- Сыт абыхэм ящ1эр?
- Сыт щ1ымахуэм щ1ым къытрилъхьэр?
-Дэнэ щы1э бзухэр?
- Сыт языныкъуэ бзухэр щ1элъатэр?
VII.Къардэн Бубэ и «Щ1ымахуэ зэманым» текстым къемыджэ щ1ык1э къалэн ящыщ1ын бзухэр щ1элъэтэжым и щхьэусыгъуэр къыхагъуэтэну. Еджак1уэхэр текстым къегъэджэн.
( Къуалэбзухэм я нэхъыбэр щ1ымахуэм хуабап1эм щы1эщ. Хьэпщхупщхэр щ1ы щ1агъым щопсэухэр. Хьэпщхупщ зышх бзухэм шхын щ1ымахуэм щ1амыгъуэтыр аращ.) 1) Макъамэ дахэ щ1эту щ1ымахуэм и дахагъэр къызэрыщ сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэм компьютерк1э егъэплъын.
VIII. ЩоджэнцIыкIу Алий «ЩIымахуэ»усэм къахуеджэн.
Усэр къазэрыщыхъуар, зытеухуар жегъэ1эжын.
Мы псалъэхэр усэм зэрыщыжы1ар къыхегъэгъуэтэн:
Уэс зытелъ жыгхэр- жыг тхъуахэр,
Жыгым телъ уэсыр-щыгъэхуПсы уэрхэм ящ1 макъ-псы уэрхэр 1ущащэу
-Дэтхэнэ жы1эк1эр нэхъ дахэу IX.Усэм езыр-езыру къегъэджэн. X.Словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын:
Пшагъуэбэ- пшагъуэ 1ув, жыг тхъуахэр-я щхьэк1эм сытхъу телъщ, мыл кхъуафэм щок1уасэ- псыежэхым и у1фэхэр мылу 1ущтык1ащ, бжьэхуцк1э хуэпащ-уэс телъщ жи1эу аращ, шыгъуэгум епщ1ащ- хадэм къыщытет1ысхьащ
XI .Яджар къызэщ1экъуэжын.Упщ1эхэм жэуап ирегъэтын.
- Сыт щ1эуэ къэфщ1а, хьэлэмэт къыфщыхъуа?
- Урокым узэрылэжьам сыт аразы укъэзымыщ1ауэ хэтыр?
- Щ1ымахуэм теухуауэ сыт щ1эуэ къэфщ1ар?
XII.Унэ лэжьыгъэ. «Щ1ымахуэ зэманыр»текстым къеджэн, тепсэлъыхьыжын, ЩоджэнцIыкIу Алий и «ЩIымахуэ» усэр гук1э зэрагъэщ1эн. Нап. 68-70 (гукIэ).