Игра КВН на кабардинском Джэгурэш Абы щыгъуэ сыту п1эрэт Къуий Ц1ык1у жи1энур


Ди унэ лэжьыгъэм щ1ыдодзэ
уэрэдыр сэ къыхызодзэ.
Къуий ц1ык1ум абы къыпедзэ…
Аращи макъамэм щ1едзэ
(Биштов Азамат «Белые розы» сакъамэм щ1эту)
1.Къуий ц1ык1ур нобэ ди хьэщ1эщ
Ар джэгурэшым къэк1уащ
Упщ1э зыбжанэ уэ къуатым
къытхуептыфыну жэуап?
Къуий ц1ык1у: Ахьэ уэрейдэ-уэрейдэ. Ахьэ уэрейдэрира. Ахьэ уэрейдэ-уэрейдэ. Ахьэ уэрейдэрира2.Тхыдэм укъызэрыхэщымк1э
Пхузэф1эк1ащ уатек1уэн
Мы ди зэманым Къуий цык1ур
щы1эу п1эрэ зыгъэдзыхэн?
Къуий 1ц1ык1у: Ахьэ уэрейдэ-уэрейдэ. Ахьэ уэрейдэрира. Ахьэ уэрейдэ-уэрейдэ. Ахьэ уэрейдэрира3.Доллэрым уасэр доуейриК1эрт1офым уасэр йохуэхКъуэжэдэсыжьхэм я дежк1э
Сыт хъуну абы къыхах?
Къуий 1ц1ык1у: Ахьэ уэрейдэ-уэрейдэ. Ахьэ уэрейдэрира. Ахьэ уэрейдэ-уэрейдэ. Ахьэ уэрейдэрира4.Тыркум к1уэ бизнесуименхэм
Я гъуэгур хузэхуащ1ащ
А 1уэхум Тырку къэралыгъуэр Къелыну уэ къыпщыхъуа?
Къуий 1ц1ык1у: Ахьэ уэрейдэ-уэрейдэ. Ахьэ уэрейдэрира. Ахьэ уэрейдэ-уэрейдэ. Ахьэ уэрейдэрира5.Кризиск1э еджэу къэралым
Зыгуэрым къыщеущыхьЦ1ыху гуащ1эдэк1хэм ди нервымХъуну п1эрэ ар теджэгухь?
Къуий 1ц1ык1у: Ахьэ уэрейдэ-уэрейдэ. Ахьэ уэрейдэрира. Ахьэ уэрейдэ-уэрейдэ. Ахьэ уэрейдэрира6. Иныжьыр уэ уи щыхьэту
Псы нывэм къыщ1ыбохуф
Щ1ызэрыук1 мы щ1ы дагъэр
Хъункъэ, Къуий ц1ык1у, къытхущ1эпху?
Къуий 1ц1ык1у: Ахьэ уэрейдэ-уэрейдэ. Ахьэ уэрейдэрира. Ахьэ уэрейдэ-уэрейдэ. Ахьэ уэрейдэрира(Нэхущ Чэрим «Уэ уи нит1» макъамэм щ1эту)
Фэ фи упщ1эм сэри жэуап схуетыжынтСэри си жэуапым фэ фезгъэдэ1уэнт
Мис апхуэдэу ди бзэр ди бзэр зэрыщ1энт
Фи гум щыщ1э псори псори нывжес1энт
Упщ1э дапщэ нобэ сэ фэ къызэфтамГубзыгъагъэм и щыхьэтуращКъысхуэмыщ1эу къысхуэмыщ1эу къащ1эгъуер
Ар зэрывжес1эну закъуэращ….
Фэ фи жагъуэ сщ1ыну схузэф1эмык1ын
Сэ фэжагъуэкъэхьи фэ сыфхуэмыхъунПэжым гъуэгу игъуэттэм ари нэхъыф1жт
Ауэ фэ фыщик1ым щыгъуэ сыкъик1ыжт
Нэм къипсэлъу псалъэ дахэр дахэк1ейщ
Пэжыныгъэм и щыхьэтуращКъысхуэмыщ1эу къысхуэмыщ1эу къащ1эгъуей
Ар зэрывжес1эну закъуэращТ1уми
Нэм къипсэлъу псалъэ дахэр дахэк1ейщ
Пэжыныгъэм и щыхьэтуращКъытхуэмыщ1эу къытхуэмыщ1эу къащ1эгъуейр
Ар зэрывжет1эну закъуэращ.