Игра-соревнованиепо черкесскому языку в 4 классе Акъыл жан
Джэгу -зэпеуэ1047750178435Акъылжан0Акъылжан
Егъэджак1уэр: Мыжей М.Г.
Класыр: 4
Инжыджышхуэ курыт еджап1э
2016
Дерс-зэпеуэАкъыл жанМурадхэр: адыгэбзэмк1э ящ1эм хэгъэхъуэн,я бзэм зегъэужьын, лъэпкъ щэнхабзэм теухуауэ ящ1эр егъэбыдыл1эн, гупу зэдэлажьэу егъэсэн.
Къэгъэсэбэпыпхъэхэр: тхылъымп1э зэмыфэгъухэр, лэныстэ, къэрэндащ зэмыфэгъухэр.
Нэрылъагъугъэхэр: эмблемэхэр, газетхэр.
Зэпеуэм и ек1уэк1ык1эр:
Щ1алэхэм ящыщ зым къэсахэр къызэщ1и1этэрэ еджак1уэхэр къыхуриджэу «Хъуромэ» жыхуа1э джэгузэхэшэр къыхедзэ.
(«Хъуромэ» джэгузэхэшэр жа1э. Сабийхэр утыкум къохьэ).
Уэ хъуромэ, хъуромэ,
- Уо, уо!
Уэ хъуроми токъу,
-Уо, уо!
Токъмакъ зи 1эщэ.
- У о, уо!
Зи 1эщэрилэ,
- У о, уо!
Елэн къэгъэши,
- У о, уо!
- Чышыр зи уанэ,
- Уо, уо!
Уанэ лъэгубгъуэ.
- У о, уо!
Хъан и губгъуэ дивгъэхьэ,
- У о, уо! Девгъэджэгуажьэ!
- У о, уо! Дызэпевгъауэ!
- Уо, уо!
Макъамэ къоуэЕгъ: Сэтэней гуак1уэм удэщ1эращ1эу,
Гъагъэ си Хэкуу, адыгэ жьэгу!
Ди гъащ1э 1эф1ыр уи насып лъащ1эу,
Гъагъэ, щ1эращ1э, адыгэ Хэку!
Егъ: Хэкум сэлам едывгъэхыт - Ф1эхъус апщий! Ди Хэку лъап1э!
Егъ: Ди хьэщ1эхэми сэлам ядохЕджак1уэхэр: Фи махуэ ф1ыуэ!
Фыкъеблагъэ, ди хьэщ1э лъап1эхэ!
Сэлам гуапэ фыдох!
Егъ:-Адэк1э ди джэгу зэпеуэм пытщэн папщ1э, ди гуапэт ди гупхэм зыкъыдагъэц1ыхуам!Япэ гупыр. Дыгъэбын Зэт-зэт, зыгуэр къытоу1уэ бжэм, деплъын хэтми:
Къеблагъэ, къеблагъэ дыгъэ , хьэщ1э лъап1э къытхуэк1уаи, ди дунейр зыгъэнэху, ди гур зыгъэхуабэ, уи бзий зэмыфэгъухэр зэщ1элыдэрэ зэщ1эпщ1ыпщ1эу укъытхуэк1уаи
- Сыкъеблэгъащ, ауэ си закъуэкъым, ат1э си бын ц1ык1ухэри здэщ1ыгъущ.
Псоми:
«Дыгъэбын» ф1этщащ ди гупым.
Ерыщу псоми дыпэщ1этщ.
«Лэгъупыкъум» дыпевгъэкъу,
Тек1уэныгъэр къэдывгъэхь!
Ет1уанэ гупыр. Лэгъупыкъу(Уэшх макъ къо1у, иужьк1э мэувы1эжри ц1ык1ухэр утыкум къохьэ,
зэмыфэгъуу хуэпахэу, плъыфэхэр кърабжэк1)
Къызэрыдэджэр «Лэгъупыкъущ»
«Дыгъэбыным» доныкъуэкъу!
Еджэным сытк1и дыхуэ1эзэщ,
Хабзэ зехьэк1эми дыщыгъуазэщ.
Жюрим захуэгъэзэн.
- Зэпеуэхэм я щIэныгъэмрэ я къарумрэ здынэсыр къилъытэнущ ди жюри лъапIэми.
Тэмэму ягъэзэщ1амэ 1 бэракъ ц1ык1у хъуржыным иводзэ1 зэпеуэ "Насыпырыхь".
Адыгэбзэ псалъэхэм я мыхьэнэхэр нэхъ тэмэму зыщIэмкIэ зэпеуэныгъэщ. Псалъэхэр гъэпщк1уащ, джэгухэм зыхуей цифрэр къыхах.
Ковёр - алэрыбгъуВторник-гъубж
Звезда-вагъуэ
Подарок-саугъэтМинута-дакъикъэЕль-псей69-хыщ1рэ бгъурэ47-пл1ыщ1рэ блырэ
2. Псалъэжьхэмк1э зэпеуэнЕгъ: Лъэпкъым и гупсысэр, и дуней еплъык1эр, и акъылыр на1уэу къыхощ псалъэжьхэм. Ахэр 1уэхугъуэ куэдым епхами, жып1э хъунущ, абы я къэлэн нэхъыщхьэр гъэсэныгъэрауэ.
Псалъэжьхэр: (зы гупым псалъэжьым и къегъэжьап1эр же1э, адрейм и к1эухыр негъэсыж).
а) 1ей пщ1ауэ (ф1ым ущымыгугъ)
б) Зи бзэ зымыщ1эж лъэпкъыр (хэк1уэдэжащ)
в) Хэкум теуг) Нэхъыжьыр гъэлъап1и, (уи щхьэр лъап1э хъунущ).
д) Унэм зыщыгъаси, (хасэм яхыхьэ).
е) Гупсыси псалъэ, (зыплъыхьи т1ыс).
3. Унэ лэжьыгъэ Проект «Адыгэ фащэ»
Дыгъэбын – Бзылъхугъэ фащэрЛэгъупыкъу – Щ1алэ фащэр4. Псалъэрыджэгу (дакъ 5 )
Егъ: Адэк1э ди щ1эныгъэр къэтпщытэнущ псалъэрыджэгук1э. Гуп къэс я пащхьэ илъщ «1уащхьэмахуэ и дыгъэ» псалъэ зэпхар. Дакъикъитхум и к1уэц1к1э псалъэ нэхъыбэ къыхэзыщ1ык1ым бэракъ нэхъыбэ къихьынущ.
1уащхьэмахуэ и дыгъэЕгъ: Апхуэдиз псалъэ щыфщ1эк1э, къуажэхьхэри ф1ы дыдэу къэфщ1энущ. Къуажэхьым сыкъоджэри, япэ къэзыщ1эм къехь. Феда1уэ:
Вагъэр хужьщ, жылэр ф1ыц1эщ. (тхылъ)
Дэнэ ук1уэми, пк1эрымык1. (ныбжь)
Ди т1ы ц1ык1у шыгъубэшх (джэдык1э)
Зи к1эр зылъэф, зи фэр зи бий. (бажэ)
Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ. (набдзит1)
К1уэ пэтми бжьиз зымык1у. (гущэ)
Маф1эм имыс, псым имытхьэлэ. (мывэ)
Мэл хужь псы йофэ. (дзэ)
Нат1эрыдз, лъэрыдзын, уеуэ пэтми, мыуз. (топ)
Щ1ы щ1агъым анэщ1э хужь щок1эц1 (бжьыныху)
Егъ: Къык1элъык1уэ зэпеуэр епхащ дэрбзэр 1эщ1агъэм. Тхылъымп1э зэмыфэгъухэм адыгэ бэракъыр къыхэфщ1ык1ын хуейщ.
Пашэхэм еджак1уэ зырыз я гъусэу ягъэзащ1э
Ахэр лэжьэху дэ псынщ1эрыпсалъэхэр жыт1энущ
Егъ: Псынщ1эрыпсалъэхэр зэхуэдэ макъ зыхэт псалъит1у е я къэпсэлъык1эк1э гугъуу зэпха псалъэ гупу зэгъусэу къок1уэ. Псын- щ1эрыпсалъхэр куэдрэ къэзыгъэсэбэпым и бзэр псалъэк1эм нэхъ «хуэкъута» мэхъу, зеужь; къэпсэлъык1э гугъум и ужьк1э къызэджэнур тынш къыщохъу. Псынщ1эрыпсалъэхэр щ1алэгъуалэм куэду ящ1эу щытащ.
Пщыхьэщхьэхэр абык1э зэпеуэу ягъак1уэрт. Псынщ1эрыпсалъэхэр къытебгъэзэжурэ, т1эу-щэ жы1эн хуейт.
Къепсыр къепсу къепсыхыжри-
Къепсыр, къепсри- бзэхыжащ.
Хъурмэ мыхъури, хъурмэ хъуари хъумак1уэм ехъумэ.
Егъ: Къык1элъык1уэ зэпеуэр усэ гъэхуауэ къеджэныгъэщ.
Еджак1уэ: «Хьисэ ц1ык1у» ДыгъэбынНэхъыжь блэк1ым сыкъоувы1э,
Зэпызупщ1ыркъым и гъуэгу.
Ар блэк1ыхук1э блэк1 симы1э.
Хабзэм хъурэ удэджэгу!
Дади нани я т1ысып1э
Жьант1эм сык1уэу сымыт1ыс.
Симыт1ысхьэ я гъуэлъып1эм,
Яхузощ1ыр пщ1э, нэмыс.
Лъэпкъым щхьэузыхь сыхухъуи.
Ц1ыху узыщ1ыр хабзэращ.
Сощ1э ф1ыуэ, жьы сыщыхъум
Згъуэтыжыныр, нобэ сщ1арщ.
Еджак1уэ: «Ирипсалъэ, адыгэщ1, адыгэбзэм» Лэгъупыкъу Псынэ къабзэр мывэ джейм къопк1э, къолъэ,
Ф1ы дыдэу усэхэм фыкъеджащ. Фи бзэр ф1ыуэ флъагъу, вгъэбзэрабзэ.
Егъ:
Гупит1ри сценкэк1э зэпоуэхэр.
Егъэджак1уэ: Ди нэтыным и к1эухыу ц1ык1ухэми сэри къыдбгъэдэк1ыу зыфхудогъэзэ хъуэхъу псалъэк1э:
Нобэ мыбы кърихьэл1ахэм, гугъу къыддехьахэм:
Фи гъащ1эр к1ыхьу,
Фи нэмысыр лъагэу,
Фи насыпыр куууэ,
Фи акъылыр хурикъуу,
Гухэхъуэр фи куэду,
Пшэрыхьыр вгъэвэфу.
Псоми: Тхьэм куэдрэ фытхуигъэпсэу!
-Узыншэу фыщытхэ!!!
Нобэрей зэпеуэм жыджэру фыхэтащ. Ар и к1эм нэсащ.
Пщащэ зэк1ужхэ! Щ1алэ къуданхэ!
Нэхъыжьым хуэфащэщ пщ1э лей!
1эгур вгъэлъалъэ, пшынэр вгъэпсалъэ,
Нэхъыжьым хуэдывгъэщ1 ислъэмей!
«Си бзэ, си псэ, си дуней». (сабийхэм уэрэдыр ягъэзащ1э, къофэ).
Дадэрэ нанэрэ я гъэф1эн ц1ык1ухэ, мамэрэ папэрэ я дыгъэщыгъэхэ, ди гугъап1э, ди плъап1э 1эф1хэр зэпха, ди щ1эжьей дыщэ ц1ык1ухэ, фыпсэу, дахэу, жыджэру фыхэтащ ди махуэшхуэм