Презентация по творчеству М.Керефова 11 класс
Темэр. Насып нэс цlыхум иlэн папщlэ унагъуэм иlэ мыхьэнэр Кlэрэф Мухьэмэд и тхыгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуар. Автор презентации: Карданова Мадина Тамбиевна, учитель кабардинского языка и литературы МОУ СОШ№1 г.Чегем. Эпиграфыр: Щlэр къокlуэр, Жьыр мэкlуэж, жаlэ адыгэхэм. Атlэ къанэр сыт?Фlыр къонэ.
Дунейм удэIэпыкъумэ сщIэркъым, ахъумэ уеIэзащIэ хъунукъым. Едж.: Къэбэрдей губгъуэхэм, вагъуэм хуэдэу ипхъауэ, lуащхьэ цIыкlу куэд итщ, иныкъуэхэри зи къикlыгъуэ хъуа гуэрэфым хуэдэу, нэхъ къыхэлъэгыкlыу, нэхъыбэр хьэмцlыракlэ щlыкlэу абыхэм къепхъэкlарэ щlы щхьэфэм теплъагъукl къудейуэ.Едж.: Хэти жеlэ а псори кхъэуэ, зауэ-банэкlэ мы хэкум икlуэда къомым тращlыхьауэ, хэти и гугъэщ щlы мыджэмыпцlэр щызэпцlыж гъащlэм езы дыдэм къызыпхибыргъукlауэ. Едж.: Пэжынкlэ хъунщ абыхэм кхъэ дыдэ хэтынри. Сыт щхьэкlэ жыпlэмэ, lэджи икlуэдагъэнщ мы щlыпlэм, ар яубыдын, ар яхъунщlэн щхьэкlэ къытеуэхэм ебэнурэ. Мы щlыпlэр lейкъым, дунейм щlыпlэ хъуэпсэгъуэу щыlэхэм ящыщ зыщ. Ди Хэкурщ ар- ди Кавказырщ, ди лъэпкъырщ, ди унагъуэрщ. Лэжьыгъэ нэужьым лlыжьхэр мэуэршэрри зэхэсщ: Атlэ, Бэтlалэ, уэ зэрыжыпlэмкlэ, цlыхур ебгъаджэкlи бгъасэкlи а зэрыщытым имыкlыну, мыхьэнэ имыlэу ара? -Ар дауэ жыпlэрэ?! Егъэджэнымрэ гъэсэнымрэ мыхьэнэуэ иlэр зымыщlэ делэр хэт? Ахэр сэ къысфlумыщ. Апхуэдэ сэзэгъынукъым сэ. -Сщlэркъым. Цlыхур сыт щыгъуи а зэрыщытщ, жоlэ. Иджы ари бдэжыркъым. Цlыхум фlы гуэркlэ зимыхъуэжынумэ, щlебгъэджэнури щlэбгъэсэнури сыт? -Еу-уей, тхьэмыщкlэ, уадыгэ дыди уэ! -Ар лlо, Бэтlалэ, адыгэр нэхъ тхьэмыщкlэу, зыри мыхъужыну ара? А жыпlэр нэхъ хьэлэмэтыжи. -Уэ сэ сызэгуэбгъэудыну аращ, щlалэ, узыхуейр, ауэ ар хъунукъым. Иlэщ псоми мыхьэнэ: егъэджэнми, гъэсэнми, ущиинми. Цlыхум щlэныгъэ пхуетынущ, икlи ират. Щlэныгъэрщ цlыхур хьэршым зыхьар, lэкlуэлъакlуагъэр пхуетынущ, хьэл-щэн дахэр пхуетынущ, дэнэ дежи утыкум укъыщимыгъэукlытэну. Сэ зи гугъу сщlар нэгъуэщlщ: щыlэщ цlыхум пхуемытын икlи пхуемыт. Къыбгурыlуэрэ ар уэ, щlалэ lумпlей? Цlыхур фlей защlэу зэкlуэцlылъмэ, абы и псэр пхуэтхьэщlыжынукъым. Ар зэрыпсэ фlейуэ къонэж. -Аращ-тlэ, лlыфl къуэфl хуэщкъым, жыхуаlэр, -кlэ иритащ нэгъуэщl зыгуэрым псалъэмакъым.-сыт хуэдэлlыт Инал и адэр, я нэхъ лэжьыгъэ гугъуми зыпыlуимыдзу, хьэрэму зы сом зыбгъэдимыгъэхьэну, цlыху зыхэтым яхуэпэжу… Егъэдж.: Нтlэ, нобэ зи гугъу тщlыну темэр –насып нэс цlыхум иlэн папщlэ унагъуэм иlэ мыхьэнэр Кlэрэф Мухьэмэд и тхыгъэхэм къызэрыхэщыр къэгъэлъэгъуэнырщ. Хэт къыжиlэн, сыт унагъуэр зищlысыр? Едж.: Зымыщlэ щыlэу къыщlэкlынкъым унагъуэр зищlысыр. Ауэ ар лъыкlэ, лыкlэ зэгухьэу, зэблагъэу зэдэпсэу цlыху гупым и закъуэкъым. Унагъуэр лъэпкъым и гъащlэм, и псэукlэм и къежьапlэщ, щlэблэм зыщиузэщl, цlыхум и хьэлыр, и гупсысэкlэр щызэфlэувэщ. Икlи ущымыуэу жыпlэ хъунущ: унагъуэращ цlыхур цlыху щыхъур, унагъуэм къыщищта хьэлырщ, цlыхугъэрщ, адыгагъэрщ абы и дуней гъащlэм кlуэцlрихыр. Аращ унагъуэ насыпу сэ къэслъытэр. Егъэдж.: Насыпыр lыхьэмыгуэшщ, жаlэ. Цlыху къэс , зы гъащlэ зэриlэм хуэдэу, и насыпи иlэжщ. Насыпыр езы цlыхум и lэдакъэщlэкlщ, абы и lэужьщ. Апхуэдэ гупсысэхэм ухуашэ нобэ зи гугъу тщlыну тхыгъэхэм. Фигу къэвгъэкlыжыт, Кlэрэф Мухьэмэд и «Адэ щlэин мылъку хъурэ?» повестым темэ хуэхъуар? Сыт хуэдэ унагъуэ абы къыщыгъэлъэгъуар икlи щытлъагъуу пlэрэ а унагъуэм иджыпсту зи гугъу фщlа унагъуэ насыпыр? Сыту пlэрэ апхуэдизу Мэрем и гур хэзыгъэщlыр? Едж.: «Адэ щlэин мылъку хъурэ?» повестым темэ хуэхъуар цlыхухэр игъащlэ лъандэрэ зыгъэгумэщl lуэхугъуэщ- адэ-анэмрэ бынымрэ яку дэлъ зэхущытык1эрщ, бынхэм я гъащlэ къалэныр зэрагъэзэщlэн хуейрщ. Мэрем тхыгъэм увыпlэшхуэ щеубыд. Ар и гуащlэдэкlкlэ псэуж цlыхущ. Цlыхугъэ дахэ хэлъу, лэжьыгъэм тэмэму пэрыту, нэмыс, хабзэ дахэ зыхэлъу, ерыскъыр зи берычэт унагъуэм и цlыхухъущ. Ар къуажэдэсхэми, ныбжьэгъухэми, lыхьлыхэми фlыуэ къалъагъу. Псомкlи и lуэху тэмэмт, ауэ насып нэс абы игъуэтыркъым- и къуэ закъуэ нэм, псэм хуихьу и гъащlэ псор зритар къедаlуэркъым. Ар Мэрем и щхьэм хуигъэфащэркъым, нэщхъейщ, ищlэнур ищlэркъым, гукlэ псори егъэв, къуэ закъуэм теухуауэ lей цlыхухэм къащlэну хуейкъым. Апхуэдизымкlэ цlыху зэпlэзэрытщ Мэреми, и щхьэгъусэ дыдэми къригъащlэркъым къуэм папщlэ иlэ гукъеуэр. Мэрем гупщlэуз хихащ и къуэм и lуэхум. Едж.: Ауэ ар икlэм нэсыху мэгугъэ, хуейщ и къуэм къигъэзэжыну. Хуейщ бын тэмэм къызэринэкlыну. Зи псэм еджэу телъ Мэрем къуажэ унафэщlхэр, къуажэдэсхэр къызэхуешэс ,и къуэм теухуа уэсятым щlигъэдэlуну: «Къекlуэлlэжмэ зэман гуэр, къуажэм щыпсэуну, унэри лъапсэри ейщи, щрепсэу. И анэ Хъангуащэ щимыlэжым деж, езыри щымыпсэунумэ, Къанщауэ Нартокъуэ щlапlэми лъапсэми и lуэху хэлъыжкъым.» Мы уэсятым дэ къыдегъащlэ ди гъащlэр зыгъэдахэ цlыхуфlхэр иджыри зэрыщыlэр, зыщалъхуа къуажэм ,и напэм япэ иригъэщыркъым езым къилъхуа, иджы къемыдэlуэжу дэкlа и къуэр. Егъэдж.: Мэрем и щхьэгъусэ Хъангуащэ дауэ хущыт а lуэхум? Едж.: Дэтхэнэ зы анэми хуэдэу, абы и гур щlоуз и щlалэ закъуэм. Къуэмрэ лlымрэ яку къыдэна цlыхубзым и гум куэд щегъэв, мэгузасэ. И псэ закъуэ, дунейм и lэф1ыгъэ псори зыбгъэдилъхьа и къуэ закъуэм къыхыфlидзэу зэрежьэжам и гурыгъузым хэкlыркъым. Анэм щlигъэкlа нэпсхэр, зригъэфа быдзышэм и lэфlыр зыхэзыщlэжу и къуэм къигъэзэжа нэужьщ абы псэхугъуэ щигъуэтыр. Егъэдж.: НтIэ, апхуэдэ унагъуэ зэгуры1уэ, унагъуэ тэмэм къыхэк1а Нартокъуэ гъэсэныгъэ тэмэм щхьэ имыгъуэтарэ? Едж.: «Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тlыс»-жа1э. Щыlэщ апхуэдэ псалъэжь lущ. Атlэ, щыlэу пlэрэ ц1ыху, а псалъэжьым и жьауэ зытримыдза хьэмэрэ ар зи фlэщ мыхъу? Жыlэгъуейщ. Зуплъыхьыным, угупсысэным къыщымынэу, гъащlэр зэхэгъэкlыпlэ защlэу зэхэтщ. Цlыхур къалъхуу дунейм къыщытехьа дакъикъэм къыщыщlэдзауэ дунейм ехыжыху, гъащlэм и дэтхэнэ зы махуэри сыхьэтри зэхэгъэкlыпlэщ. Ауэ, дэнэ деж гъащlэм и щlэдзапlэр, а зэхэгъэкlыпlэм и кууагъыр, хьэлъагъыр къэпщын щыщlэбдзэнур? Иlэ абы пщалъэ? Едж.: Цlыхум и щыуагъэмрэ ехъулlэныгъэмрэ зэригъэпщэф, зэриудэкlыф, абы дерс къыхихыф хъуа нэужьу къыщlэкlынущ гъащlэм и щlэдзапlэр. А мардэм ужьэхэуэху гъащlэм и хъыринэм уису аращ, зыщlэбупскlэу, утхъэжу, жьыр дэнэкlэ къепщэми умыщlэу. Едж.: Мис апхуэдэщ Нартокъуэ и образыр. И щlалэгъуэ-делэгъуэ зэманым ахъшэм дишэхыу, адэ-анэм я мылъкум хэджэгухьа Нартокъуэ пэшэгъу къыхуэхъуа ныбжьэгъупцlхэм ягъэудэфащ, ар зыри хуейкъым, и гугъэщ гъащlэр сыт щыгъуи апхуэдэу ирихьэкlыну. Егъэдж.: Ныбжьэгъупцlхэр, жыфlэри къыхэвгъэщащ. Хэт фэ ныбжьэгъу пэжу къэфлъытэр? Еджакlуэхэм я гупсысэхэр къыжаlэ, ныбжьэгъум теухуауэ. Едж.: Нартокъуэ и фlэщ хъуат адэ-анэм уаlурыплъыхьу, абы жаlэм уедаlуэу уабгъэдэскlэ уи lуэху пхымыкlыну, цlыхум укъамылъытэну. Арат Нартокъуэ зэпымычу и ныбжьэгъу гупым зыщlагъэдэlур: «Адэ-анэр зыщыгъэгъупщэн хуейкъым; адэ-анэм дыкъалъхуащ, дапlащ. Арати абы я къалэныр зэфlэкlащ,-жаlэрт абыхэм.-Хэт адэ-анэм бгъэдэскlэ цlыху хъуар? Апхуэдэ щыlэкъым.» Едж.: Ар и фlэщ зэрыхъун щапхъэ куэди кърагъэдаlуэрт Нартокъуэ: «Дыкlэлъывгъэплъыт цlэрыlуэ хъуа цlыхухэм я гъащlэм. Ахэр, хэт зеиншэу къэтэджащ, хэт адэ-анэр пасэу къагъанэри я щхьэм фlэкl емыупщlыжу, езыр-езыру зэрыхуейм хуэдэу гъащlэм и кууупlэм хэтащ. Гъащlэм езым ипсыхьа цlыхурщ цlыху хъур, ахъумэ нанэрэ дадэрэ адэ-анэгуу якъуэсаракъым.» Егъэдж.: Пэж гуэри хэлъщ абыхэм жаlэхэм. Щапхъэ дапщэ къытхуэхьыну, гугъу ехьу къэтэджахэу, адэ-анэр пасэу яфlэкlуэдауэ, цlыху къахэкlауэ, гъащlэм цlэрыlуэ щыхъуауэ. Къытхуэхьыну пlэрэ апхуэдэ щапхъэ? Едж.: Апхуэдэщ, псалъэм папщlэ, унагъуэшхуэ къыхэкlа, зи анэр пасэу зыфlэкlуэда, илъэсибгъу ныбжьым иту lэхъуэ башыр къэзыщта, иужькlэ усакlуэ цlэрыlуэ хъуа Пащlэ Бэчмырзэ. Едж.: Апхуэдэщ дирижёр цlэрыlуэ Темыркъан Юрэ. Едж.: Апхуэдэщ Ломоносовыр… Егъэдж.: Апхуэдэ щапхъэ куэд къытхуэхьынущ. Нтlэ, гугъуехьи имылъэгъуауэ, адэ-анэ хъарзыни иlэу, унагъуэ узыншэ къыхэкlа Нартокъуэ гъэсэныгъэ тэмэм щlимыгъуэтар сыту пlэрэ? Едж.: Сыт щхьэкlэ жыпlэмэ ар адэ мылъкум щигъэкlащ, дэнэкlэ жьыр къепщэми имыщlэу мэпсэу, зыри хуэныкъуакъым зэикl, апхуэдэу щытыну и гугъэщ сыт щыгъуи. Зыхэт гупым къызэрыхэкlыжын lэмал къыхуэгъуэтыркъым абы, ахъшэ иlэху. Зы зэман зыкъищlэжу, щалъхуа къуажэм кlуэжу трактористу лэжьэн щlэзыдзэжа, зи анэ закъуэр зыгъэгуфlэжа щlалэм и кlуэгъу-жэгъуу щытахэм псэупlэ къратыркъым. Дауэ хъуами, Нартокъуэ и ныбжьэгъупцlхэм къаlэщlокlыжри, и дуней тетыкlэмрэ псэукlэмрэ зрегъэхъуэж, и анэ Хъангуащи и гур мэзэгъэж. Егъэдж.: Дауэ феплърэ-тlэ Нартокъуэ и lуэхур къызэрекlуэкlам? Едж.: Дауэ къекlуэкlами, щыуауэ къэзыгъэзэжыр нэхъыфlщ, зи щыуагъэр зыгъэпщкlужыну хэтхэм нэхърэ. Нартокъуи къыщигъэзэжакlэ, абы къыгурыlуащ зэпцlыжа унагъуэ насыпыр уэрамым къызэрыпхудэмыхынур. Егъэдж.: Адэкlэ сыхуейт мы повестым и гъусэу фигу къэвгъэкlыжыну Кlэрэф М. и «Сэфар» повестыр. Сыт а повестым темэ хуэхъуар?Едж.: Мы повестым Кlэрэфым ди нэгу къыщlегъэувэж граждан зауэр ди щlыпlэм щекlуэкlа илъэсхэр. А илъэсхэм цlыхухэм я фэм дэкlа бэлыхьхэм, гугъуехьхэм унагъуэхэр зэрызэпэщlигъэувар, цlыхухэм гузэвэгъуэ, гугъуехь куэд я псэм зэрыдэлъар.Едж.: Лlыхъужь нэхъыщхьэу повестым къыщыкlуэр Сэфарщ. Сэфар повестым япэу ущыхуэзам деж , къыпщохъур щlалэ къызэрыгуэкlыу. Удэзыхьэх теплъэшхуи иlэкъым, гъэсэныгъэшхуи нэмыси хэлъу гу лъыптэркъым. Ауэ тlэкlу –тlэкlуурэ къыбгуроlуэ Сэфар ауэ цlыху къызэрыгуэкlыу зэрыщымытыр. Едж.: Сэфар ади ани иlэжкъым . Ар и адэшыпхъум ипlыжащ, и бын дыдэм хуэдэу. И адэшыпхъу Лалинэщ абы сэбэп къыхуэхъуар цlыхум хэлъын хуей хьэл-щэн дахэ псори зыхилъхьэнымкlэ. Пэжщ, Сэфар щlалэ цlыкlу къуейщlейуэ зэикl щытакъым. Ауэ абы езым гу лъимытэжу къаруушхуэ хэлът. «lэрыгуэтхъыжь хуэдэ, мыщэ lэбэкlэ уощl,»- жиlэурэ и къарур езыр зэрыхуейм хуэдэу къигъэlурыщlэу Лалинэ иригъэсащ.Едж.: Сэфар жылагъуэр зэрыпагэ ц1ыху псэ къабзэщ, гущlэгъу ин зыхэлъ цlыхущ, псэукlэщlэм и бэнакlуэщ. А псори зи фlыщlэу сэ къэслъытэр и адэшыпхъу Лалинэщ. Сэфар хэлъ хьэл-щэныфlхэм я сэбэпкlэ Гуащэнэ дахэ насып нэс дегъуэт. Егъэдж.: Мыбдеж дигу къэдгъэкlыжыпхъэу къызолъытэ япэм щыlа къан хабзэр. Сыт хуэдэ мыхьэнэ иlа а хабзэм, щlэблэр гъэсэнымкlэ? Егъэдж.: Гуащэнэ и гугъу щытщlакlэ, сыхуейтэкъым гулъытэншэу Къэвгъэнэну абы и унагъуэри. Едж.: гущlэгъу хуумыщlу къанэркъым Гуащэнэ и анэмрэ и дэлъхухэмрэ я зэранкlэ Хэкум ирашын хуей хъуа Гъуэрыщl Исмел- Гуащэнэ и адэр. Исмел щlалитl и1эщ, щхьэгъуси иlэщ. И щхьэгъусэ Дарихъан къызыхэкlар унагъуэ къулейщ, зыхуей зыгъуэту къэхъуа цlыхубзщ, ауэ гъэсэныгъэ лъэпкъ бгъэдэлъкъым, и щхьэгъусэ Исмели унэlуту жери зэрипэсыркъым, и къуэхэри и адэм хуэжыlэщlэ ищlыркъым.Едж.: Адэ-анэ зэгурымыlуэм унагъуэр тlууэ гуэша ещl. Пхъур адэм и гъусэщ, лажьэ зэримыlэм гу лъетэ, гущlэгъу хуещl, фlыуэ елъагъу. Къуэхэр анэм нэхъ пэгъунэгъущ. Адэ тэмэмым и жыlэм едэlуа пхъур насыпыфlэ мэхъу.Сытыт щlэмыхъунур а унагъуэр нэрэ псэуэ зэрылъагъуу, я бынхэм адэми анэми зэхуэдэу пщlэ хуащlу, зэгурыlуэрэ зэдэlуэжу зэдэпсэуамэ. Егъэдж.: Иджы сэ сыхуейт иджыпсту зи гугъу тщlа тхыгъэхэм хэт образхэр хьэлкlэ, щэнкlэ, гъэсэныгъэкlэ, хабзэ-нэмыс зэрахьэкlэ зэрызэмыщхьхэр наlуэ къэфщlыну. П.п. Сэфаррэ Нартокъуэрэ.Едж.: А тlум я хьэлыр зыкlи зэщхькъым. Пэжщ, тlури цlыхуфlщ, цlыхухэми фlыуэ къалъагъу, ауэ Нартокъуэ адэ мылъкум щигъэкlащ, лэжьыгъи псэуныгъи зыри къыфlэlуэхукъым. Сэфар ади ани иlэкъым, зыгъэсар адэшыпхъурщ. Ар зыкъомрэ гугъу йохь. Абы зыри lей бгъэдэлъкъым. Нэмыс, хабзэ хэлъщ, лэжьыгъэр фlыуэ зылъагъущ. А фlагъыу хэлъым Сэфар насыпыфlэ ещl, щхьэгъусэ тэмэм, унагъуэ насып егъуэт.. Егъэдж.: Нтlэ, Нартокъуэ унагъуэ тэмэм къыхэкlауэ, адэ-анэ тэмэм иlэу и гъуэгу захуэм щхьэ текlынкlэ хъуа? И гъащlэр имыухуэфыну зы щхьэусыгъуи иlэтэкъым абы.Едж.: Ар къызыхэкlар, япэрауэ, адэ-анэм я зэрану къызолъытэ. Псори хьэзыру иратурэ, ар щагъэкlащ. Етlуанэрауэ, Нартокъуэ ныбжьэгъу тэмэм къызэрыхимыхыфарщ. Сыт хуэдэ гъэсэныгъэ унагъуэм щимыгъуэтами, ар ныбжьэгъупцlхэм зыхашэ, и хьэлэлагъыр къагъэсэбэпурэ и мылъкур ягъэкlуасэ. Егъэдж.: Дауикl, адэ-анэм я зэран хэлъщ абы, ауэ зы бын закъуэ фlэкlа гъащlэм щамыгъуэтым, ахэр тегужьеикlауэ япlащ Нартокъуэ. . Ди жагъуэ зэрыхъунщи, цlыхум гъащlэ зэщ зэрыритыр, блэкlами къыпхуегъэгъэзэжынукъым. А гъащlэ гъуэгу дыдэм иджыри зэ ирикlуэну къахуихуатэмэ, адэ-анэр быным и гъэсэныгъэм нэгъуэщlут зэрыхущытынур Егъэдж.: Иджы сыхуейт нобэ зи гугъу тщlа lуэхугъуэхэм зэ фыхэплъэжу къыжыфlэну, сыт фэ насыпу къэфлъытэр? Едж.: Насыпу ди зэманым ябжыр мылъкурщ. Сэ ар сигу ирихьыркъым, мылъкушхуи сыхуейкъым. Сэ сызыхуейр гъащlэ дахэщ, гъащlэ зэгурыlуэщ.Едж.: Насыпщ адэ-анэр зэгурыlуэу, унагъуэм щlэсыр псори фlыуэ зэрылъагъуу зэдэпсэуныр. Адэ-анэр къыпхуэмыарэзыуэ зэикl фlы ухуэзэнукъым.Егъэдж.: Атlэ, сыт зы цlыху гъащlэр зищlысыр? Кlэщlщ ар! Насыпщ гъуэгу тэмэм гъащlэм къыхэпхыфмэ, жьы ухъуа нэужь уи гъащlэ блэкlам ухущlемыгъуэжын хуэдэу. Щlэр къокlуэ, жьыр мэкlуэж. Атlэ къанэр сыт? Фlыр къонэ. Дэри яужь дитын хуейщ ди гъащlэм фlыр нэхъыбэу къызэрыхэднэным, пщlэншэу дунейм дызэрытемытам и щыхьэту. Абы щыгъуэщ цlыхум насып нэс игъуэтауэ зыщилъытэжынур.