Презентация по кабардинскому языку на тему Псалъэуха
ПсалъэухамкIэ дэ ди гупсысэмрэ зэхэщIэныгъэхэмрэ къыдоIуатэ, упщIэ, лъэIу, чэнджэщхэмкIэ зыгуэрхэм захудогъазэ.Псалъэухам псалъэу хэтыр грамматикэкIэ зэпхащ. Пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэм абы и пкъыр къагъэхъу. Псалъэухам и нэщэнэщ кIэ зыгъуэт къэIуэтэкIэ зэриIэр. III ПСАЛЪЭУХАЗэраIуатэ псалъэуха – ЕджакIуэхэр еджапIэм макIуэ.ЗэрыупщIэ псалъэуха – Уэ библиотекэм тхылъ къеIыпха?ХэIэтыкIа псалъэуха – Сыту махуэ дахэ нобэ!Мыубгъуа псалъэуха – Мурат матхэ. Убгъуа псалъэуха – Мурат псынщIэу ручкэкIэ матхэ. ПСАЛЪЭУХАМ И ПКЪЫГЪУЭ ЗЭЛЪЭПКЪЭГЪУХЭРХадэм бжьын, бжьыныху, балыджэ, нащэ къыщокI. – пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэр подлежашэщ.ФатIимэт фIыуэ йоджэ икIи матхэ. – пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэр сказуемэщ.Мадинэ къищэхуащ тхылъ, тетрадь, ручкэ, къэрэндащ. – пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэр псалъэухам и етIуанэ пкъыгъуэщ (дополненэщ). СИНТАКСИЧЕСКЭ ЗЭПКЪРЫХЫНЫГЪЭПсалъэухар зыхуэдэр (зэраIуатэ, зэрыупщIэ, хэIэтыкIа).Псалъэухар убгъуарэ мыубгъуарэ.Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр.Подлежащэм и къэкIуэкIэр.Подлежащэмрэ сказуемэмрэ щхьэрэ бжыгъэкIэ зэрызэкIур.Псалъэухам и етIуанэ пкъыгъуэхэр, ахэр къызэрыкIуэ псалъэ лъэпкъыгъуэхэр.Къуалэбзухэр щIыпIэ хуабэхэм мэлъэтэж.Мы псалъэухам пкъыгъуэ нэхъыщхьитI иIэщ (Къуалэбзухэр мэлъэтэж), зэраIуатэщ, убгъуащ (здэлъэтэжыр (дэнэ?) щIыпIэм; щIыпIэ (сыт хуэдэм?) – хуабэхэм). Япэ уэс. Хэт щысабийм япэ уэсым щымыгуфIыкIыр? Псори щогуфIыкI. Мис махуитI и пэкIэ дыгъэ къепсу, дунейр хуабэу щытащ. Ауэ дыгъуасэ нэхъ щIыIэ къэхъуащ. Уэшх щIыIэ къешхыу хуежьащ. Нэхъыжьхэм жаIэ: «ЩIымахуэр къэблэгъащ, мы уэшхым уэс къихьынущ». Дэ догуфIэ икIи дигукIэ жыдоIэ: «Зэзакъуэ тлъэгъуащэрэт мы уэсыр». Ауэ абы куэдрэ дызригъэжьакъым. Жэщым уэс куу къесауэ нэху къекIащ. Губгъуэри, гъуэгухэри, псы Iуфэ нэпкъхэри – псори хужьщ. Уэрамым удэжмэ, апхуэдизкIэ хужьыгъэм уи нэр игъаплъэркъыми, нэпсыр къыпфIыщIож. Мэзыр даущыншэщ. Уэрэд къизышу щыта бзухэр куэд щIащ зэрылъэтэжрэ. ЩIымахуэ дыдэр къэсащ. Лэжьыгъэр. ЗэраIуатэ псалъэуха, зэрыупщIэ псалъэуха. Хуэзыгъэуш псалъэуха – зырыз къыхэтхыкIын.