Сценарий Маф1ащхьэтыхьк фольклорному празднику


Маф1ащхьэтыхь тхьэлъ1у
1. Езыгъэк1уэк1хэр къохьэ (1 мин)
1. Еджак1уэ: Фи махуэ ф1ыуэ!
2. Еджак1уэ: Фыкъеблагъэ ди хьэщ1э лъап1эхэ
Сэлам гуапэ фыдох!


Еджак1уэ: Нобэ псоми ди махуэшхуэщ Нобэ дэ ди гуф1эгъуэшхуэщ!


2. Еджак1уэ: Илъэсыжьыр и к1эм ноблагъэ Илъэсыщ1эр къыдоблагъэ.
1.Еджак1уэ: Нэхъыжьхэм я псалъэ щызэхэфхынщ!
Нэхъыщ1эхэм я джэгум дыздыхэтынщ!
2. Еджак1уэ: Къэфэнухэри ди куэдщ! Уэрэдк1и дыбейщ!
Дызыхуеижыр мы зырщи…..
1.Еджак1уэ: Ильэс псок1э ар къэтауэ нобэ къедгъэблэгъэжащ 2. Еджак1уэ: Къуалэбзухэр зэрызехьэу къришэл1эжащ

1. Еджак1уэ Гъатхэ, гъатхэ, лъапэ махуэ Лъапэ махуэ къехьэжьэж.
2.Еджак1уэ: : Щ1эпхъуэжащ п1ыщ1а щ1ымахуэр,
Иджы къак1уэ, къеблэгъэж.

Теплъэгъуэ: «Ажэгъуэмэ ц1ык1у» (1мин)
Гъатхэ: Ей, си Ажэгъуэмэ ц1ык1у, к1уэи къащ1эт Щ1ымахуэм и 1уэху зытетыр.(Ар Ажэгъуэмэ ц1ык1ум зыпеплъахь).
Ажэгъуэмэ: Уэ си анэ дыщэ, уэ си анэ Гъатхэ, Щ1ымахуэм и 1уэхур щ1агъуэкъым. Щ1ымахуам и щ1ак1уэ хужьышхуэр гъуабжэ – лъабжэ хъуащ, ц1ырхъ здэхъуари мащ1акъам.
Гъатхэм : Си дэльхужь Щ1ымахуэм хуэшэчыжынукъым къэблэгъа хуабэр, езыр к1уэжынщ нэхъ къезэгъын щ1ып1э. (Гъатхэр Щ1ымахуэм и дежк1э мак1уэ).
Щ1ымахуэ: Ущ1эгор сыт Ажэгъуэмэжь ц1ык1у, сэри си гугъэщ, си щысып1эр схъуэжын. Уэ гузавэгъуэр къыплъэ1эсауэ си щ1ак1уэ гъуанэм укъогуук1.
Ажэгъуэмэ: Кхъы1э къысхуэгъэгъу, тхьэмадэ, Си анэ Гъатхэ сыкъигъэк1уащ мыбдежым уи щы1эк1э хъуар зэзгъэщ1эну.
Щ1ымахуэ: Аращ сыт щыгъуи, уи анэр зэрыщытыр, гузавэу си яужь итщ. Мэ, къырек1уэ, си щ1ак1уэжри къыфхузогъанэ. (Щ1ым.1уок1.)
Гъатхэ: Уэ, си бын ц1ык1у, бгъэзэщ1ащ бжес1ар. Ауэ дяпэк1э къэхутак1уэ укъэзгъэк1уамэ япэ щ1ык1э Щ1ымахуэм бгъэдыхьи салам ех, и 1уэху зытетри зэгъащ1э, ит1анэ сэ къызже1эж
.
Аж. Хъунщ, си анэ дахэ. Уэ жып1эм хуэдэу сщ1ынщ.
Гъатхэ: Нак1уэ иджы, си Ажэгъуэмэ ц1ык1у, ди 1уэху иужь дихьэжынщ.уАхэр мащ1экъым.къуак1и – бгъак1и, иафи – мэзи, нэм къиплъыхьыр, ди фащэк1э хуэпэн хуейщ.
1. Еджак1уэ:: Упсэу, Ажэгъуэмэц1ык1у, гъатхэр сыт щагъуи хъерк1э къытхубошэ:
Уэрэд :Гъатхэ (1 мин)
Гъатхэ, гъатхэ, гъатхэ,
Къак1уэ къытхуеблагъэ.
Утщ1ынщ нэхъри дахэПлъагъунщ уэ ди 1эщ1агъэ,
Уэшхыр щабэу къытхуегъэшхДыгъэр нуру къытхуегъэпсНани пхуигъэвэнщ 1эф1 дыдэуНобэ уэ джэдлэпс
Гъатхэ , гъатхэ, гъатхэ,
Щ1ылъэр бдощ1эращ1э
Къуалэбзухэм уэрэд жа1эм
Дэ дыкъагъэушЩ1ылъэр зэуэ къэушащИ жейбащхъуэр щхьэщык1ащ
Ц1ыхухэм къапэщылъ къалэнхэм
Занщ1эу пэрыхьащ.
4.Усэм къоджэхэр «Гъэрэ щ1ырэ.» (1 мин)
Гъэщ1ыр гъэжьым езэуащ.
Пщ1энт1эж 1эджи къыпхихуащ.
Махуэм и бгым къыщысам.
Пэщ1эщ1эгъуу къылъысамПэмыхъуну къыщищ1эжым
Гугъэу и1эр щыхихыжымГъэжь губзыгъэм зэрихабзэу,
Уафэ иныр игъэкъабзэщУсыжь къомыр зыщ1ик1уэжщ.
И бгыр ф1ыуэ щ1икъузэжщ.
Дыгъэ тхъуплъыр къиут1ыпщыжщ.
Гъащ1эм и 1эр иубыдыжриЕуэщ аби ежьэжащ.
Гъэрэ – щ1ырэ зэхэк1ащ.
Иджы бзум къраш уэрэдНани къехь маф1эщхьэджьэд.
5. (Нанэ къохьэ маф1ащхьэджэдыр и1ыгъыу; мэхъуахъуэ). (3 мин)
Нанэ: Нобэ мы ди зэ1ущ1эр
Ялыхь угъурлы щ1ы.
Адыгэ хэкур вэгъ-зэгъ унагъуэрэ Зэгъунэгъуит1ыр дызэхуэзэшу,
Мылъкуу ди1эр хэдгъахъуэу,
Хъуэхъур дибэу, дыбагъуэу,
Губгъуэу ди1эр бэвылъэу,
Ф1ыгъуэу ди1эр зэдэдгуэшу,
Гукъеуэр зэдэтшэчу Ет1анэгъэ п1алъэм
Тхьэм ф1ыгъуэк1э дынигъэс!

Еджак1уэ: Ф1ык1э Тхьэр зэтэну,
Ди тхьэмадэ лъап1э!
Хъуэхъум я нэхъыф1ыр
Щыпхуагъаф1эу я псэм,
Псори къыпхущытщи,
Езэш дымыщ1эжу
Жып1эм дедэ1уэнущ.
Дынолъэ1у-къытхыхьэ,
Тхьэр зи гъуазэ хъун!
Тхьэмадэм:Нэхъыжь зыгъэлъап1эм и щхьэ лъап1э мэхъур,
Гуапэу фи махуэшхуэм сыкъевгъэблэгъащ:

Мы гъэщ1э дызытехьэр тхуэмахуэу,
Ди 1уэхухэр къыдэхъул1эу,
Ди хъуэхъухэр тхуэзащ1эу,
Ди щ1алэхэр л1ыпхъэу,
Ди хъыджэбзхэр нэмысыф1эу,
Нэхъыжьыф1хэр ди куэду,
Мык1уэдыжыр ди тхыдэу,
Мис мыпхуэдэу дызэхыхьэрэ,
Тхьэм ф1ык1э делъэ1уу,
Дыщ1елъэ1ур къытхуищ1эу,
Тщ1а хьэрычэтым берычэтыр къыхилъхьэу,
Ди гуэн итлъхьэ зэпыту,
Къыхэтх пэтми хэмыщ1у,
Зэтещ1ыщ1эр ди 1энэу,
Дянэхэм я гур мамыру,
Мамырыгъэр тщхьэщыту,
Ет1анэгъэ п1алъэ
Тхьэм ф1ык1э дынигъэс!
1ущ ц1ык1у : Нэхъыжьым и псалъэ дедэ1уащ, иджы 1ущ ц1ык1у зы хъуэхъук1э зыкъыфхуигъэзэнущ.
Хъуэхъур зыщ1эр нэхъыжьыф1хэрщи
Ди япэ ф1ык1э тхьэм иригъэт.
Абы я жьауэм щ1эблэ ц1ык1ухэр
Куэдрэ тхьэм дыщ1игъэт:
Нэмыс тхэлъу, хабзэр т1ыгъыу
Хабзэм тету фащэр тщыгъыу.
Дызыщыщыр дымыгъэгъуащэу
Нэхъыжьхэм жа1эр дгъэзащ1эу.
Сэ ди дадэ жи1эр сощ1э
Нанэ жи1эр согъэзащ1э:
Нэхъыжь блэк1ым сыкъоувы1э,
Зыпызупщ1ыркъым и гъуэгу.
Ар блэк1ыхук1э блэк1 симы1э.
Хабзэм хъурэ удэджэгу!
Дади нани я т1ысып1э
Жьант1эм сык1уэу сымыт1ыс.
Симыт1ысхьэ я гъуэлъып1эм,
Яхузощ1ыр пщ1э, нэмыс.
Лъэпкъым щхьэузыхъ сыхуэхъуи.
Ц1ыху узыщ1ыр хабзэращ.
Сощ1э ф1ыуэ, жьы сыщыхъум
Згъуэтужыныр, нобэ сщ1арщ.
3.Еджак1уэ: Уи усэм купщ1эшхуэ хэлъщ ,1ущ ц1ык1у. Ар хабзэм ф1ыуэ зэрыхэпщ1ык1ым и щапхъэщ. «Уи япэк1э мывэ хъурей бгъажэм ухуозэж» жыхуа1эращи , сэ сыхуейщ зыгурк1э ныкъусэныгъэ тщ1ами, къыджьэдэк1ами илъэсыжьым ар къыщынэну..
1. Гъэщ1э дызытехьэр махуэ тхуэхъуну!
2. Хъуэхъурэ хъерк1э ар етхьэк1ыну!
3. Ди нэхъыжьыф1хэр жьыщхьэ махуэ хъуну!
4. Ди нэхъыщ1эф1хэр ф1ыгъуэ нат1эу псэуну!
5. Къуэхэр адэ-анэк1э хьэлэлу щытыну!
6. Пхъухэр адэ-анэк1э щабэу щытыну!
7. Адэ-анэхэм я напэр тезых бын къэмыхъуну!
8. Мылъкук1э нэпсейхэр мащ1э дыдэ хъуну!
9. Щ1эныгъэк1э нэхъуеиншэхэм я бжыгъэр куэдк1э нэхъыбэ хъуну!

10. Мамырыгъэ гъащ1эрэ щ1эблэ узыншэрэ къыдэхъул1эну!
11. Сыт щыгъуи лъагъуныгъэ къабзэрэ ныбжьэгъугъэ нэсрэ ди1эну!
12. Нэгъуэщ1 лъэпкъхэм дагуры1уэу, дахуэгуапэу дыпсэуну!

13. Щ1эблэр щ1эныгъэм дихьэхыу еджэну!
14. Ди балигъхэр лэжьыгъэм хуэ1эрыхуэу, берычэт къайхъул1эу лэжьэну!
15. Дэтхэнэ зы лъэпкъ унагъуэми хэщ1 зым и п1эм пщ1ы къихъуэжурэ дыбэгъуэну!
16. Лъэпкъыбзэр, хабзэр, тхыдэр, диныр, фащэр, шхыныгъуэ гуа-к1уэхэр къэгъэщ1эрэщ1эжыным ди ц1ыху псори жыджэру хэтыну!
17. Илъэсыжь едгъэжьэжым, гукъеуэу, гугъуехьу щытлъэгъуахэр, дызытехьэ илъэсыщ1эм хуэдэ минк1э нэхъ мащ1э хъуну!
18. Илъэсыщ1э къытхуеблагъэм гъэжьым щытлъэгъуа гуф1эгъуэхэр, гукъыдэжхэр, дэрэжэгъухэр, ехъул1эныгъэхэр, абы дыщызыхущ1экъуа нэмысыр, ц1ыхугъэр, насыпыр, хабзэ дахэр, гущабагъэр, гукъабзагъэр, бзэ1эф1ыгъэр, культурэр хуэдэ минк1э тхуэбэгъуэну!
19. Ди нэхъыщ1и, ди нэхъыжьи я гур къабзэу, я бзэр дахэу, зэгуры1уэу, зэдэ1уэжу, зым 1эпыхур зым къищтэжу, гуф1э тхъэжу зыдэпсэунуПсоми :Тхьэм жи1э
6. Гушы1э уэрэд: : адыгэ псалъэжьхэр (3мин)
Еджак1уэ : Дыщэ пхъуантр зэ1удох
Гушы1алъэр къыдыдох Утыкум Азрет къыдогъэблагъэ Удыхьэшхынумэ къеблагъэ.
1.Гъатхэм теухуа псалъэжьхэр фи пащхьэм ныдолъхьэФигу зыгуэрк1э иримыхьми уафапшэм ф1эвмыльхьэ
2.Гъатхэм жеяр бжьыхьэм гъыжу сыкъеджащ зыщ1ып1э
Уи ф1эщ умыщ1 абы жа1эр, уи1эмэ гъуэлъып1э.
3.Дэ ди нанэ къызжи1ащ – гъатхэ уафэр гъуанэуЖи1энщ иджы фи нанэ , уафэр архъуанэу4.Узэгугъур къогугъужыр , жа1эу зэхэпха т1э
Абы ущыгугъыщэмэ уэ укъысхуэнащ т1э
5.Щ1ым зы ептым щэ къыуитыжу зэхэпха уи гъащ1эм
Кхъа ептар къе1ыхыжыф уэ уф1эмымащ1эм
6.Гъатхэ , гъатхэ, гъатхэ къак1уэ къытхуеблагъэКъэблэгъамэ ныбэр , пщегьэгъупщэ благьэр7.Къытхуеблэгъа гъатхэм псори дощ1эращ1э
Уи жыпит1ыр нэщ1мэ, си 1уэхущ удэщ1эращ1эм
8.Нобэрей махуэшхуэмк1э япэ классыр дывохъуэхъуТ1эк1у не то зыгуэр жыт1ами , ягъэк1ынкым къытхуэвгъэгъу9.Куэд къэтпсэлъми дигу 1ей илъкъым псоми ди гур къабзэщК1эщ1у жып1эмэ фыщыц1ык1уам дэ дырещхьыркъабзэщ1.Еджак1уэ: Пщащэ зэк1ужхэ! Щ1алэ къуданхэ!
Нэхъыжьым хуэфащэщ пщ1э лей!
2. Еджак1уэ 1эгур вгъэлъалъэ, пшынэр вгъэпсалъэ,
Нэхъыжьым хуэдывгъэщ1 ислъэмей!
7. «къуэрылъху ». (сабийхэм, къофэ). (3 мин)
Нт1а…
Жа1эмэ жа1эну жыхуа1а жы1апхъэр нывжызо1эри
Жа1эзыф1эф1 зыжыра1э жы1э жы1эрей жозыгъы1эм
Къызжи1акъым жывмы1эж жи1эрт жиЗэрыжамы1эу жыс1аауэ жы1эк1эмыщ1э къызжезыгъы1эм жып1эми.
Жумы1ар жызы1эк1ейк1э щыжумы1апхъэ щыжып1ауэ
Жы1эгъуэр щыжы1эгъуейр, жыхуа1этежы1ык1 хужы1эу
Жы1эк1эк1э здыжы1апхъэм щыжыс1энщ жып1эми
Жы1эгъуэу жып1ари щыжып1э жы1эмыщ1э жы1эмыда1уэ
Къызэрыбжи1эгъауэ къыбжи1эжынщ жумы1эжыфауэ жи1ами
Жимы1эххами жыс1ами жыс1эжыркъым жыуигъэ1ыжынщ жи.
1.Егъэджак1уэ: Аращи «Маф1ащхьэтыхь» зыф1этща ди тхьэлъэ1ур абдежым щыдоух. Мыухыж гъащ1эрэ насыпрэ тхьэм псоми къыдит!
2. Егъэджак1уэ: Узыншэу фыщытхэ ! ф1ык1э дызэхузэ!