Презентация к инсценировке кабардинской сказки Нэлат
Нэмыс пхэмылъу упсэунумКъэбгъащIэр, жыIэт, сыт ищIыс?Уахътыр къэблагъэу,псэр хэкIыным Нэсыху уи напэм егупсыс! -Жьым пщIэ хуэщIыныр зэи мыкIуэдыж хабзэщ. Ди гуапэу фыкъыдогъэблагъэ ХьэхъупащIэ Амырхъан итха «Нэлат» жыхуиIэ хъыбарым и теплъэгъуэм.Гукъыдэж зиIэ псоми мыбы дерс къыхэфхыфынущ. -Сэ схьыжын щIагъуэ щыIэу къыщIэкIынкъым . Иджы гупсысапIэу сиIэр зыщ- си къуэхэр бынунэу згъэтIысауэ сылIэмэ, сылIауэ къэслъытэнкъым. Уасхуепсэлъамэ хъунт уэ абыхэм Ди щауэ щIалэхэр Шэсмэ, зытесыр алащащхъуэу,Куафэ щхъуант1эу ,Кумбым ипкIэмэ, къипкIыжыу Iэк1э 1эсэу,ЛъэкIэ псынщIэу ,ЛъэрыкIуэныфIэу,ЛIыфI щымыщIэу,Лъэдакъацэ мащIэу,ЩхьэщIыцэ кIыхьу,Гъуэгу к1ыхь якIуми ,емышу,Ежьэм –я гъуэгур бзэпсу,Я псыр чэнжу,Къагъэзэжмэ- ди уэредадэу Дунейм фIыгъуэкIэ тегъэт ! Ди нысэ цIыкIу къэтшахэр Фадэм хуэдэу IущащэуМэлым хуэдэу Iущабэу,Джэдым хуэдэу быныфIэу,ХьэфIым хуэдэу Iумахуэу, ШыфIым хуэдэу цIэрыIуэу,Жыхапхъэр ялъэфу,унафэм едаIуэу,ТхьэмадэкIэ Iэсэу,ПщыкъуэкIэ гумащIэу,Унэр я гуу,ЛIыр я псэуДунейм фIыгъуэкIэ тегъэт! ХьэгъуэлIыгъуэм сыт хуэдиз и дахагъыу екIуэкIами,ерыскъыуэ сыт хуэдиз абы къыщаIэтами –ар псалъэк1Iэ Iуэтэжыгъуейщ.Ауэ гурыIуэгъуэ хъуар зыщ: «Нэхъыжь НЭМЫС,НЭХЪЫЩIэ насып»-мыпхуэдэ псалъэхэр къыщемыкIуэкIыж хъуащ мы унагъуэм. - Сыту фIыт укъызэрыкIуар. Сызыхуейрат, си щIалэ, сэ схьыжын щыIэу къыщIэкIынкъым. СымылIэ щIыкIэ си гъэтIылъыгъэм щыгъуазэ усщIыну арат. КIуэи мо шыгъуэгум дэт тутей жыгыжьым и лъабжьэм щIэстIауэ щытащ жэз пхъуантэ цIыкIуи къысхуэхь. -Мис, ди адэ, къэсхьащ. -Си щIалэ,нэхъыщIэр быным я нэхъ щIасэщ.Уэращ си быным я нэхъыщIэр. Уэ плъэгъуаи,къэпшхаи щыIэкъым.Уи шынэхъыжьитIым нэхъыби ялъэгъуащ, нэхъыби яхуэсщIащ.Уэ пхуэсщIагъэшхуэ зэрыщымыIэм сигу ириныкъуэщ.Абы къыхэкIкIэ мы си гъэтIылъыгъэр уэращ зыхуэсхъумар.Ауэ, сылIэху тIэкIукIэ, уи нэIэ къыстегъэт, ди нысэ цIыкIури пщэдджыжькIэ къэбгъакIуэурэ тIэкIу къыскIэлъыгъэплъ. -Уэлэхьэ, ди адэ, арыншэми, гулъытэншэ дыпхуэмыхъун. -Уэращ си къуэ курытыр. Уэращ сэ къысщхьэщытри, мы пхъуантэ цIыкIум дэлъыр уи мылъкущ. Ауэ, сыпсэуху тIэкIукIэ уи нэIэ къыстегъэт закъуэ. Ди нысэ цIыкIури махуэкIэ къыщIэбгъыхьэурэ къыскIэлъыгъэплъ. -УкъыщIезджарат. ЩIэм щ1э и Iуэхущ, гупсэхуу гулъытэ япэ зыщIыфри нэхъыжьщ. Си бын нэхъыжьыр уэращ. Уи нэхъыжьыгъэм гуапагъэ сыщигъэщIакъым. Аращи, сыпсэужыху тIэкIукIэ, уи гулъытэ сыщумыгъэщIэж. Ди нысэ цIыкIури пщыхьэщхьэкIэ къыщIэбгъыхьэурэ тIэкIу къыскIэлъыгъэплъ.Мы пхъуантэри уэ къыпхузогъанэ. -Тхьэм куэдрэ утхуигъэпсэу ,ди адэ!Зы махуэ закъуи гулъытэншэ сыпхуэхъункъым. Пхъуантэр уэсят зыхуищIар сэращ! Пхъуантэр уэсят зыхуищIар сэращ! Нэмыс пхэмылъу упсэунумКъэбгъащIэр, жыIэт, сыт ищIыс?Уахътыр къэблагъэу,псэр хэкIыным Нэсыху уи напэм егупсыс!