Презентация по кабардинской литературе по творчеству М.Керефова.


Пасэ зэманым псэуа адыгэхэм я гъащlэ хьэлъэр Уэхъутэ Абдулыхь и тхыгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуар. Автор презентации: Карданова Мадина Тамбиевна, учитель кабардинского языка и литературы МОУ СОШ№1 г.Чегем. Мурадхэр: тхыгъэхэр зытепсэлъыхьым, абыхэм къыщыlэта гупсысэ нэхъыщхьэхэм щыгъэгъуэзэн ; пасэ зэманым шэрджэс цlыхубзым и псэукlамрэ и нобэрей гъащlэр зэрыхъуамрэ зэгъэпщэн. Урокыр зэрекlуэкlынур. Классым щlэс еджакlуэхэр гупищу согуэш. Гуп къэс зы lэтащхьэ хызох. lэтащхьэм и унафэм щlэту еджакlуэхэм ятыну жэуапхэр ягъэхьэзыр. Гуп къэс темэ зырыз къыхах. Доскам темищыр къызотхэ. Уэ уи лъэпкъыр зыхуитыжу Зы лъэхъэни щалъэгъуакъым.Цlыху хьэлэлхэм, нобэ мыхъуми, Я унафэ ящlыжакъым. Бэм и фlыгъуэм щlэкъурщФlыгъуэ зыхуэфащэр.Къыпщырехуэ уэ дунейм и нэфlыр,Хабзэ дахэу адыгэ нэмыс. Хэзышэ псалъэмакъ: Нобэ ди урокыр зытеухуар Уэхъутэ Абдулыхь и творчествэм теухуауэ къэтщlар къызэщlэкъуэжынырщ. Фигу къэвгъэкlыжыт, сыт хуэдэ тхыгъэ лlэужьыгъуэхэр и lэдакъэ къыщlэкlа тхакlуэ-усакlуэм? Сыт хуэдэ хэлъхьэныгъэ хуищlа тхакlуэм шэрджэс литературэм и зыужьыныгъэм? Щапхъэ къэфхьыт. Адыгэ литературэм дызэджа тхыгъэхэмкlэ, тхыдэм къызэрыхэщыжымкlэ дэ дыщыгъуазэщ ди адыгэ лъэпкъыр кlыфlыгъэм, дэкъузэныгъэ ткlийм дэту къызэрыгъуэгурыкlуам. 1)Уэхъутэ Абдулыхь и тхыгъэхэм темэ хуэхъуар, и гупсысэ нэхъыщхьэр къыжыфlэ. 2)Япэ темэм теухуауэ сыт къыщытщlа Уэхъутэм и тхыгъэхэм? 3) Революцэм и пэкlэ шэрджэс лъэпкъым иlа псэукlэ хьэлъэр хэт сымэ я деж нэрылъагъу щыхъурэ?4) Пщыжь-уэркъыжьхэмрэ диным и лэжьакlуэ нэпцlхэмрэ гугъуехьакlуэхэм къахуихьу щыта щlэпхъаджэр хэт сымэ я деж щытлъагъурэ?5) Адыгэ цlыхубз къызэрыгуэкl lэсятрэ гъэпщылlакlуэ обществэмрэ. Ефэнды нэпцlым и зэранкlэ ар кlуэдыкlейуэ зэрыкlуэдар. 6) Анэ гумащlэм и образыр Нысэlэфl и образымкlэ къызэрыгъэлъэгъуар. Анэм теухуауэ псалъэжьхэр, цитатэхэр, жыlэгъуэхэр фигу къэвгъэкlыжыт. 7) Динымрэ цlыхугъэмрэ дауэ къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэхэм? Фэ дауэ къывгурыlуэрэ а псалъэхэр? 8) Адыгэ цlыхубзым хуитыныгъэ лъэпкъ гъащlэм зэрыщимыlар, ар зыхулъэкlхэм я хьэпшыпу зэрыщытар тхыгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуар. (Хужьэ, lэсят, Сэтэней сымэ я образыр). 9) Тхыгъэм къыхэщ цlыхубзхэр я теплъэкlэ дахэхэу, лэжьакlуэшхуэхэу, нэмыс зыхэлъхэу щытащ, ауэ абы насып къахуихьакъым. Хэт абыкlэ къуаншагъэ зыбгъэдэлъыр? 10) Адыгэ цlыхубзым нобэ иlэ хъуа хуитыныгъэм, псэукlэ дахэм, щхьэж зэрыхуейм хуэдэу и гъащlэр, и насыпыр иухуэжыну lэмал куэд зэригъуэтам тепсэлъыхьын. (Нобэрей гъащlэм егъэпщэн). Етlуанэ темэм теухуауэ етlуанэ гупым и жэуапхэм едэlуэн. а) Шэхьит-Алий и образыр дауэ къыщыгъэлъэгъуа «lэсят и мывэ» повестым? б) Диным и лэжьакlуэ зырызхэм ар къагъэсэбэпурэ зэрахьэу щыта лейр тхыгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуар. в) Фэ езыхэр дауэ фыхущыт диным?г) Пщыжь-уэркъыжь щыкlахэр дауэ къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэхэм? д) Теджэнокъуэ Пщыкъан, абы и анэ Тыркухъан-гъум, Къэнокъуэ Тэлъустэн, уэркъ щхьэзыфlэфl Къамболэт сымэ, нэгъуэщlхэри, дауэ къыщыгъэлъэгъуа «Теджэнокъуей къуажэ» тхыгъэм? 2) Цlыхум фlы хуищlэну хуейуэ тхыгъэхэм хэтхэм тепсэлъыхьын. 1)Лей зезыхьэхэу мы тхыгъэхэм хэтхэм тепсэлъыхьын. а) Аслъэн и образыр дауэ къыщыгъэлъэгъуа «lэсят и мывэ» повестым? б) Ажьджэрий ,Угъурлы дадэ, Сэтэней, Хьэжрэт лlыжьыр, абы и къуэ Абдулыхь сымэ я образхэм тепсэлъыхьын. Мыбыхэм я хьэл-щэным удэзыхьэхыу сыт хэт? («Теджэнокъуей къуажэ» тхыгъэм къызэрыхэщымкlэ). в) Къайхъулlауэ пlэрэ абыхэм я гуращэ дахэхэр? Ди нобэрей гъащlэм едвгъэгъапщэт. 1)Адыгэ хабзэр, нэмысыр мы тхыгъэхэм дэнэ деж къыщыгъэлъэгъуауэ хэтми тепсэлъыхьын. а) Адыгэхэм къадэгъуэгурыкlуэу щыта лlыгъэр, хахуагъэр хэт сымэ я деж щынэрылъагъу? б) Цlыхубзым хуащlу щыта нэмысыр, пщlэр? в) Адыгэ цlыхубзыр зэрыщытын хуейр? Адыгэ цlыхубзым иlа теплъэр. Псоми яхуэгъэза упщlэхэр 1)Нобэрей урокым зи гугъу щытщlа lуэхугъуэхэр щекlуэкlа зэманыр куэдкlэ къыщхьэщокl ди нобэрей гъащlэм. Сыт хуэдэ зэщхьэщыкlыныгъэхэр хэфлъагъуэрэ ? 2) Шэхьит-Алий хуэдэхэр ди зэманым хэпсэухьыфыну пlэрэ? 3) Угъурлы дадэ хуэдэхэр щытлъагъуу пlэрэ ди гъащlэм, щытлъагъумэ дауэ хэзагъэрэ ахэр ди зэманым? Кlэух псалъэ: Нобэ дызэдэlуа псалъэмакъымкlэ дэ гурыlуэгъуэ тщохъу цlыхум насып нэс игъуэтын папщlэ щхьэхуитыныгъэ иlэн зэрыхуейр. Зи щхьэ пщlэ хуэзыщlыж , зи нэмыс, зи хабзэ зыхъумэж цlыхум адрей цlыхур зэикl хэутэн ищlынукъым. Гъащlэжьым щыпсэуа куэдым зэрыщlэныгъэншэхэм, я зэхэщlыкl зэрылъахъшэм къыхэкlыу лей куэд къатехьащ. Абыхэм я гугъуехьыр псыхэкlуадэ хъуакъым. Нобэ дэ гъащlэ дахэм, гъащlэ насыпыфlэм дыщопсэу. Ди мурад дахэхэр зэдгъэхъулlэну lэмал куэд диlэщ. А lэмалхэр къэдгъэсэбэпурэ яужь дитын хуейщ ди гъащlэр зэредгъэфlэкlуэным.