Тестовое задание по кабардинскому языку в 9 классе
Е 9-нэ классым псалъэуха зэхэлъхэмк1э тест лэжьыгъэ.
1. Псалъэуха зэхэлъхэр гъэбелджылын, нагъыщэхэр гъэувыжын.
а. Псыр жэщ1ыжащ ныджэхэр къыщ1эщыжащ.
б. Пщэдджыжьым псыхэмрэ гуэлхэмрэ бахъэ ящхьэщытщ.
в. Маф1эгур вокзалым къытехьащ ик1и ц1ыху псори зэщ1эхъеящ.
г. К1ыф1къым ди ц1ыхухэр еджахэщ жанхэщ хуэпахэщ.
2.Союз зимы1э псалъэуха зэхэлъыр гъэбелджылын, нагъыщэхэр гъэувын.
а. Ар шым набдзэгубдзаплъэу еплъырт ик1и щхьэусыгъуэ гуэр къигъуэтыну хущ1экъурт.
б. Тембот гублащхьэм дэсу вожэр и1ыгът Лиуан мэкъум хэст.
в. Асыхьэту пшэ 1ув къытрехуэ ик1и зэхэпщ1эу дунейр нэхъ к1ыф1 къохъу.
г. Хьэщхьэтеуэ 1увыр дызэримыгугъауэ дыгъэм занщ1эу игъэтк1уащ.
3. Зэк1элъызыхь союз зи1э псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэщ:
а. Дунейр хуабэ дыдэ хъуакъым ауэ джабэ бгъуэщ1эр щхъуант1э къэхъуащ.
б. Пшагъуэр тек1ыжащ дыгъэри къыщ1эпсыжащ.
в. К1эпхъыр бжей лъагэм и щхьэк1эм дэжеящ абы пщ1ий е1унк1ри тесщ.
г. Тэрч къуршыпсщ ауэ ар пасэу щ1ы1э хъуркъым.
4. Зэпэщ1эуэ союз зи1э псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэщ:
а. Уэшхыр теужащ дыгъэр къепсыжащ къуалэбзухэм я уэрэдыр хуэмурэ къыщ1адзэж.
б. Къэбыстэхэм псы щ1этк1энщ армыхъумэ я тхьэмпэхэр хуалэу хуежьащ.
в. Асыхьэту пшэ 1ув къытрехуэ ик1и зэхэпщ1эу дунейр нэхъ к1ыф1 къохъу.
г. Махуэр дыгъэпсщ псыхэри къуэк1ийм къыдопсэлъык1.
5. Зыгуэш союз зи1э псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэщ:
а. Ет1уанэ илъэсырщ жьуджалэм пкъыи къудами жыли щищ1ыр.
б. Хьэуам къыхиха гъуэзым хуэмурэ дыгъэр къыхотэджык1.
в. Сэ пасэу бдзэжьей ещап1эм сынэсат арщхьэк1э си гъусэхэр щ1эх нэк1уакъм.
г. Е сэ щ1ы1э схудихуу ара е дунейр щ1ы1э?
6. Псалъэуха зэхэлъ-зэпхащ:
а. Л1ыжьым дыщыбгъэдыхьам и дзапэ уэрэдыр щигъэтакъым ат1э абы и уэрэдым нэхъри зригъэ1этащ.
б. Хэт жи1эм темытыжми ар ныбжьэгъу хъунукъым ик1и укъигъэпэжынукъым.
в. Си шыпхъур Москва къилъэтыжыным сыпэплъащ ауэ ар къыщысыжар ет1уанэ махуэрщ.
г. Гъатхэ щ1эращ1эри къэк1уащ жыгхэри уэс 1этэу къэгъэгъащ.
7. Хэт пщэдджыжьк1э жьыуэ къэтэджу хьэуа къабзэм хэтми, абы и махуэр нэхъ жыджэру егъак1уэ. – Сыт хуэдэ псалъэуха: псалъэуха зэхэлъэ-зэгъусэ е псалъэуха зэхэлъ-зэпха? Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэмэ доказать щ1ын, псалъэухар синтаксиск1э зэпкърыхын; зэхэлъ-зэпхамэ – пажэр, гуэдзэр къэгъэлъэгъуэн, гуэдзэр пажэм пыщ1а зэрыхъуа суффиксыр, союз суффиксыр, союз псалъэр къэгъэлъэгъуэн.
8. Причастнэ оборотымрэ псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ-зэпхамрэ зэхэтхык1ын.
а. Шыр къабзэу лъэщ1ауэ шэщым щ1этт, мып1ащ1эу мэкъу ишхыу.
б. Мэз хъумэм и унэ ц1ык1ум, жыг пщ1ащэхэм ерагъыу хэплъагъук1ым, дынэблэгъат.
в. Хэт тхылъыр ф1ыуэ илъагъуми, ар щ1эныгъэм и ныбжьэгъущ.
г. Сэ мы гъуэгур сохъумэ, сыт щхьэк1э жып1эмэ Налмэс щалъэгъуар мы гъуэгу дыдэрщ
9. Псалъэухахэр синтаксиск1э зэпкърыхын:
а. Дзэлыкъуэ, дауик1, хъуп1эф1щ.
б. Жьыбгъэ ин къыкъуэуащ, фийуэ, гъуахъуэу, ябгэу.
в. Ихъуреягък1э псори мамырт, сабырт, ауэ Василий и гур мамыртэкъм, и гупсысэхэр 1упщ1тэкъым.
10. Василий (3) –к1э зэпкърыхын.
15