Тестовое задание по кабардинскому языку в 8 классе
1. Псалъэухам и пкъыгъуэ ет1уанэ пыщхьэхук1ак1э йоджэ:
а) определенэхэм щы1эц1эм и зы лъэныкъуэ ягъэбелджылыуэ щытмэ.
б) псалъэухам и пкъыгъуэхэу зы упщ1эм жэуап хуэхъуу, псалъэухам и зы пкъыгъуэ гуэрым пыщ1ауэ къак1уэмэ.
в) мыхьэнэрэ къэпсэлъык1э щхьэхуэрэк1э къыхэгъэщамэ.
2. Нагъыщэхэр гъэувын:
а) Л1ыжьыр шухэм бгъэдыхьащ гуф1эжу.
б) К1уащ Бет1ал Къэбэрдейм ди усак1уэ гъуэзэджэм и усэхэмрэ поэмэхэмрэ удахьэх.
в) Дэ махуипщ1к1э къырым къыщызык1ухьа альпинистхэр лагерым дыкъэсыжащ дезэшарэ жеи тхуэл1ауэ.
3. Обстоятельствэ пыщхьэхук1а зыхэт псалъэухащ:
а) Дэ, еджак1уэхэм, къыщытхуихуэ щы1эщ зэзэмызэ зэманыр нэгузыужьу дгъэк1уэну.
б) Къазбэч пщ1ант1эм дэлъэдэжащ, и портфелышхуэр и лъакъуэм иридзэк1ыурэ.
в) К1эпхъыр уэздыгъей жыгым тесщ.
4. Определенэ пыщхьэхук1а зыхэт псалъэухащ:
а) Дакъикъэ зытхух зэпсэлъа нэужь, ежбащ офицерхэр.
б) Абы, К1уэк1уэ Мухьэмэд, и1эщ инженерым и диплом.
в) Си шыпхъур, мы гъэм музыкальнэ училищэр къэзыухар, пианинэмк1э егъэджак1уэу лэжьэнущ.
5. Приложенэ пыщхьэхук1а зыхэт псалъэухащ:
а) Хадэхэк1ыр хэсэн духащ, джэдгыныр мыхъуамэ.
б) Пщэдджыжьым, сыхьэтихым деж, еджак1уэхэр зыплъыхьак1уэ к1уэну ежьащ.
в) Щ1алэ нэхъыщ1эр, нэхъ 1эпщ1элъапщ1эр ик1и нэхъ гумащ1эр, нэхъ щ1эх псоми ягу дыхьэрт.
6. Причастнэ оборот пыщхьэхук1а зыхэт псалъэухащ:
а) Дэ, еджак1уэхэм, ди къалэнщ ф1ыуэ деджэну.
б) Агрономым, гуэдз лъэпкъыф1 къэзыгъэк1ам, ф1ыщ1эшхуэ хуащ1ащ.
в) Астемыр уэзджынэм еуэрт, ину и1этауэ.
7. Деепричастнэ оборот пыщхьэхук1а зыхэт псалъэухащ:
а) Марат шу къажэм къэу1эбжьауэ еплъырт, зи ужь ит щ1алэ ц1ык1уит1ыр щыгъупщэжауэ.
б) Зэгуэрым, щэбэт махуэу мэзым сык1уащ.
в) Сэ еянэ классыр тхук1э къэзухыну согугъэ.
8. Зыгъэтэм пкъыгъуэ пыщхьэхук1а зыхэт псалъэухащ:
а) Жэщым зэрызэпсэлъам хуэдэу, аргуэру Аслъэнрэ Михаилрэ зэпсалъэу ирагъэжьащ.
б) Щэбэт махуэм, псом хуэмыдэу унэ лэжьыгъэ къыщыдамытам деж, дэ тф1эф1т нэпкъым дытесу хъыбархэр жыт1эну.
в) Бгъуэнщ1агъым Сосрыкъуэ щыщ1ыхьэм шыр щыщащ, ф1алъэ лъакъуэмк1э щ1ыр къриуду.
9. Псалъэухахэр синтаксиск1э зэпкърыхын:
1) Дзэл жыг жьауаф1эхэм, псы ц1ык1ум и бгъуит1ым ек1эк1ахэм, псыр дыгъэ жьэражьэм щахъумэ хуэдэт.
2) Марат, зауэл1 щ1алэр, дэ1эбейрти нат1эм къытрик1ута пщ1энт1эпсыр 1эдакъэк1э ирилъэщ1эк1ырт.
3) Сэтэней ип1ырт Сосрыкъуэ, мывэр и уэшэкуу, афэр и теп1эну, щтаучыр и 1усу.
10. Псалъэхэр зэрызэхэтк1э зэпкъырыхын:
Лэжьэрейхэр, къэк1уэжынукъым, тхыгъуаф1эхэр, сыкъыдэк1ыжынукъым, дык1элъык1уащ, пэгъунэгъукъым, ныбжьэгъуншэ, ятхыжынукъым.
11. Псалъэхэр фонетикэк1э зэпкъырыхын:
а) егуэпэк1ын
б) махуэшхуэ
15