Внеклассное мероприятие по кабардинскому языку в начальных классах Маф1ащхьэджэд

« МАФ1ЭЩХЬЭДЖЭД»



Сабийхэр адыгэ хабзэм щыгьуазэ дощ1. Макьамэ кьоуэ, ц1ык1ухэр зэхуос.

Хъыджэбз ц1ык1у. Фыкьеблагьэ, хьэщ1э лъап1эхэ, ди гуф1эгьуэ зэ1ущ1эм! Егь: Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ хабзэ дахэу кьадогьуэгурык1уэ

«Маф1эщхьэджэд» махуэр ягьэлъап1эу. Ар мартым и 23рщ. А махуэм гьэмрэ щ1ымрэ зэхэк1у арщ, гьатхэр кьихьэу, щ1ымахуэр ик1у. Абы нэмыщ1 ар адыгэхэм илъэсыщ1э кьыщихьэ махуэу ябж. А махуэ лъап1эм дэтхэнэ зы унагьуэми джэд ф1агьэж, тхьэм тхьэлъэ1у хуащ1. Аращи, фкьеблагьэ ди гуф1эгьуэ зэ1ущ1эм, ди маф1эщхьэджэдым.

Ц1ык1ухэм: 1.Гьэщ1эр гьэжым езэуащ, пщ1энтэпс 1эджи кьыпихуащ

Махуэр и бгым щынэсам пэщ1эщ1эгьуу кьылъысам.

Пэмыхъуну кьыщищ1эжым гугьэу и1эр щыхихыжым.

Гьэжь губзыгьэм зэрихабзэу уафэ иныр игьэкьабзэщ.

Уафэ иныр игьэкьабзэщ уэсыжь кьомыр зэщ1икьуэжщ.

И бгыр ф1ыуэ щ1икьузэжщ дыгьэ тхъуэплъыр кьиут1ыпщыжри

Гьэщ1эм и 1эр иубыдыжри еуэщ аби ежьэжащ.
Иджы уэрэд кьраш бзухэм

гьэрэ щ1ырэ зэхэк1ащ.
Сэтэней кьехь маф1эщхьэджэдыр.

Егь: Уей, Сэтэней дахэу, дахэу щы1эм я лей! Сытхэр кьыджеп1эн, уэ уи Хьуэхьу дэ дожьэ.( Сэтэней мэхьуахьуэ)

Упсэу Сэтэней, хьуэхьу дахэ кьыджеп1ащ!

Нобэ фи махуэшхуэм Тхьэгьэлэдж феджа?

Деджащ, ауэ иджыри кьэсакьым.

(Мэкьамэ кьоуэ, Тхьэгьэлэдж кьыщ1охьэ)

- зи ц1э ф1ык1э ир1уэнхэм си гугьу фщ1ыуэ зэхэсхащ. Сэтэней: Я дэ ди тхьэу Тхьэгьэлэдж! Телъыджэр зи 1эужь. Сытхэр

кьыджеп1эн, сытхэр кьытхэплъхьэн? Тхьэгь: Жылэ махуэ тефсэу

Тезысар узыншэу Зи лъэдийм щхьэмыжит1 кьыпык1эу

Зы ху нап1эм т1у ирищ1эу Бэвымрэ бэрычэтымрэ кьыфхилъхьэну сохьуахьуэ.
Школым и унафэщ1 Алишанов:

Упсэу Тхьэгьэлэдж, уи хьуэхьур кьабыл ухьу. Кьеблагьэ, т1ыс. Тхьэгьэлэдж и хьуэхьубжьэм йофэ.

Егь: Нобэ ди тхьэлъэ1ум зы хьэщ1э кьэк1уэн хуейуэ зе1эжьэ. Ар Ажыгьафэщ. Гуыпыр зыгьэгушхуэу, л1ыгьэ зи1эхэр игьэунэхуу, т1эк1у сэнкунхэри кьигьэгубжьу и гушы1эр япэ иту месыр кьэсащ.

Ажэгь: Мыр сыт мы сыкьызыхэхуар? Сыту гуп дахэу фызэхуэса, сыту гьэщ1эгьуэн мы слъагьур!
Егь: Кьеблагьэ, Ажэгьафэ! Нобэ ди маф1эщхьэджэд махуэщ.

Ажэгь: Сэ сахэмыту адыгэхэм зы махуэшхуи ягьэлъап1эу щытакьым, си гуапэщ фи маф1эщхьэджэдыми сыкьызэрырихьэл1ар. А махуэм ц1ык1ухэр езэшыху, ирикьуху ягьэджэгуу щытащ. И1эт джэгуну зигу илъ ц1ык1ухэр «Хьуромэ» кьысхузэхуэфшэсыт.

Сабийхэм: Уэ хьуромэ-хьуромэ уо-уо Уэ хьуромэ токьу, уо-уо Токьумакьыр зи 1эщэ, уо-уо Нэгьуэщ1 1эщи димы1э,уо-уо Чышыр ди уанэгущ, уо-уо Дыгьужьыгур ди1эщ,уо-уо Пы1эу ди1эр чыныпэщ,уо-уо Бгыпэ тетыр ди бийщ,уо-уо Фынебгьэрык1уэ,уо-уо Фынек1уэтал1э,уо-уо

Кьик1уэтыжыр хуэмыхущ, уо-уо Щ1ыбкьэмыгьазэ,уо-уо Кьумыгьэзэххэ,уо-уо Ди уанэжь лъэгубгьуэщ,уо-уо

Тхьэм и губгьуэ дивгьыхьэ,уо-уо Девгьэджэгуажьэ,уо-уо Девгьэжьэжыпэ,уо-уо

Ажэгь: Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэр хъуэрыбзэм хуэшэрыуэу щытащ. Нэхьыбэу ар кьэзыгьэсэбэпу щытар щ1алэхэмрэ хьыджэбзхэмрэщ. Хьуэрыбзэр зыгьэф1ыр гушы1эрщ, абы и бзэр дыджщ, ауэ шэрыуэщ. Мы фи ц1ык1ухэр дауэ хущыт хьуэрыбзэм?

Егь: Урагьэдэ1уэнщ а ц1ык1ухэм я акьылыр зэрыжаным. Щ1алэ ц1ык1ум: Зинэ ф1ыц1ит1ыр пыжьынэ

Зи нэк1ущхьит1ыр пкьынэплъ Сызэрып1уплъэу сыпхьэкьури Уджым укьыхэсшащи Зумусыгьуэджэу дызэгьэпсалъэ.

Хьыдж: Сымыпсэлъэну сыбзэгуэкьым Удж бдэзмыхьынуи сыпагэкьым Ууэршэрак1эмэ шэщ1эхум к1уэ Ухьыджэбзаплъэмэ усхэк1ыжащ
Псыр зэгуэжу яку сыкьыдэк1акьым Пщыкьанхэ сыракьуэщ Дыжьын шырыкьук1э сощак1уэ Уи дыщэ пы1эр хьэзырщ Укьыздэмык1уэмэ усхьынщ Си пыжьынэ ц1ык1у

Сыпщщ жып1эу зыкьыпф1эмыщ1ыж Сыл1щ жып1эу удж укьыхэмыхьэ Уафэм пк1элъей кьыхуебдзами Уи дзэпкьыр шы ф1эдзап1эщ Уи тхыпкьыр кьыр хьэдзэщ Уи щхьэцыр ик1ащ

Хабзэщ жыс1эу удж сыбдыхыхьа щхьэк1э Сыту щ1эхыщэ зыкьыпф1эщ1ыжа

Ажэгь: Уэ ди тхьэшхуэ, сыту губзыгьэ мы ц1ык1ухэр. Уа егьэджак1уэ, псори хьарзынэт, ауэ нобэрей махуэм и щ1ыхьк1э фи тхьэлъэ1у джэд ф1ыц1эр ф1эвгьэжыну кьыфщыгьупщакьэ?

Егь: Хьэуэ, месыр Мухьэмэд ф1егьэж.

Фузэ нэхьыжьхэм йохьуэхьу Ажэгьафэр кьофэ.



Ажэгь: Ат1э сэри джэгук1эщ1э кьыфхуэсхьащи, хэт нэхь кьарууф1эми сэ зэхэзгьэк1ынщ. Иц1эр а джэгум «Зэпекьущ». (макьамэ йоуэ, ц1ык1ухэр мэджэгу)

Егь: Иджы Ажэгьафэ, ди пелуанхэр зэпедгьэуэнщ. (зэпоуэ) Ажэгь: Сыту щ1алэ уардэ защ1э мы ц1ык1ухэр.

Егь: Нэхъ пасэхэм щ1алэхэр джэгурт «пы1э зэф1эхь», «к1эрыщ1э». Еплъыт ди ц1ык1ухэми я зэф1эк1ым. ( Мэджэгухэр)

Кьафак1уэ гупым джэгу ящ1, зыкьагьэлъагьуэхэ.



Сабийхэм: 1. Нэщ1эбжьэу, гукьеуэу, гугьуехьу гьэжьым щытлъэгьуахэр гьэщ1эм и бжэм кьыщыднэну.

Илъсыщ1э дызэрыхьэм ди нэхъыжьыф1хэр жьыщхьэ махуэ хьуну

Ди нэхьыщ1эхэр ф1гьуэ нат1эу псэуну

Щ1алэхэр малъхьэф1 хьуну

Хъыджэбзхэр нысэф1 хьуну
Кьуэхэр адэ-анэк1э хьэлэлу щытыну

Пхъухэр адэ-анэк1э гу щабэу щытыну
Адэ-анэхэм я щапхъэф1к1э бын щыпкьэхэр гъэса хьуну

9. Адэ-анэхэм я напэр тезых бын щымы1эну
10.Сабий зеиншэхэр нэхъ мащ1э хъуну

11.Мылъкук1э нэпсейхэр щымы1эжыну 12.Ди зы ц1ыхуи и акьылыр фадэк1э имыгьэутхьуэну

13.Ди нэхьыщ1и, ди нэхьыжьи я гур кьабзэу, я бзэр 1эф1у, зэгуры1уэу, зэдэ1уэжу, зым 1эпыхур зым кьищтэжу, дыгуф1у, дытхьэжу дызэдэпсэуну псоми: ДОХЬУАХЬУЭ.

Егь: Сабийхэм я хьуэхьур кьабыл хьуну, илъсыщ1эр тхуэмахуэу, дунейр мамыру куэдрэ дыщыпсэуну сэри сохьуахьуэ Ди махуэшхуэм хэтахэм: хьэщ1эхэм, ажэгьафэм, гупыр зыгьэгушхуа пшынауэм, ц1ык1ухэм ф1ыщ1эшхуэ фхузощ1, Ди гуф1эгьуэм пыдощэ, Фыкьафэ, фыджэгу